Адыгэ Хабзэ шIэин

Адыгэ Хабзэ шIэин
Культура
admin
Фото: Адыги.RU
15:55, 20 февраль 2019
1 258
0
Адыгэ Хабзэ шIэин. Баш зыIыгъ лIыжьыр уэрамым здрикIуэм ижьрабгъумкIэ фыз гуэр щыту елъагъу. Сыту пIэрэ ищIэнур? И Iэ ижьымкIэ иIыгъ башыр Iэ сэмэгум ихьынурэ блэкIынущ, жи Хабзэм: бзылъхугъэм пщIэ хуэщIын хуейщ, баш хуэбгъэдалъэу ублэкIыну емыкIущ. Фи гъунэгъум деж IуэхукIэ уекIуэкIауэ хьэщIэ щIэсу урохьэлIэ. Сэлам-чэламри, Iуэху ущIэкIуари зэфIэкIауэ укъыщIэкIыжынущ. Сыт жыпIэнур? ХьэщIэм "хьэщIэгъуэфI тхьэм уригъахуэ" жепIэнщ, уехъуэхъунщи, уи щIыб хуумыгъазэу, уикIуэтурэ укъышIэкIыжынщ. Фыз гуэр автобусым ису здэкIуэм и щIалэ цIыкIум кIэнфет, е мыIэрысэ, е нэгъуэщI гуэр иритыну хуейщ. 3анщIэу ириткIэ зэфIэкIрэ? Хьэуэ. Япэ щIыкIэ зеплъыхьри, нэгъуэщI сабий исмэ, абы хуеший. ЗэкъуэшитIым я быну лIитI зы гуп хохуэ. Зыр нэхъыжьщ, адрейр нэхъыщIэщ. НэхъыщIэр тIысащ, нэхъыжьыр щхъэгъэрыту уващ. ЛIо къэхъуар? Зыри къэхъуакъым:
Адыгэ Хабзэ шIэин
Адыгэ Хабзэ шIэин. Баш зыIыгъ лIыжьыр уэрамым здрикIуэм ижьрабгъумкIэ фыз гуэр щыту елъагъу. Сыту пIэрэ ищIэнур? И Iэ ижьымкIэ иIыгъ башыр Iэ сэмэгум ихьынурэ блэкIынущ, жи Хабзэм: бзылъхугъэм пщIэ хуэщIын хуейщ, баш хуэбгъэдалъэу ублэкIыну емыкIущ.

Фи гъунэгъум деж IуэхукIэ уекIуэкIауэ хьэщIэ щIэсу урохьэлIэ. Сэлам-чэламри, Iуэху ущIэкIуари зэфIэкIауэ укъыщIэкIыжынущ. Сыт жыпIэнур? ХьэщIэм "хьэщIэгъуэфI тхьэм уригъахуэ" жепIэнщ, уехъуэхъунщи, уи щIыб хуумыгъазэу, уикIуэтурэ укъышIэкIыжынщ.

Фыз гуэр автобусым ису здэкIуэм и щIалэ цIыкIум кIэнфет, е мыIэрысэ, е нэгъуэщI гуэр иритыну хуейщ. 3анщIэу ириткIэ зэфIэкIрэ? Хьэуэ. Япэ щIыкIэ зеплъыхьри, нэгъуэщI сабий исмэ, абы хуеший.

ЗэкъуэшитIым я быну лIитI зы гуп хохуэ. Зыр нэхъыжьщ, адрейр нэхъыщIэщ. НэхъыщIэр тIысащ, нэхъыжьыр щхъэгъэрыту уващ. ЛIо къэхъуар? Зыри къэхъуакъым: нэхъыщIэм и адэр нэхъыжьщи, Хабзэм абы и къуэр егъэнэхъыжь.

Апхуэдэ защIэу зэхэлъщ Адыгэ Хабзэр – зылъэмыIэс щыIэкъым. Абы къызэщIеубыдэ унэр зэрыбгъэпсынури, нэхъыжьыр зэрыбгъэлъэпIэнури, сабийм гулъытэ зэрыхуэпщIынури... Адыгэ Хабзэм тету нысэ къашэ, ирагъашэ, ирагъэкIыж, унагъуэм унафэр щызэрахьэ, ныбжьэгъур ягъэныбжьэгъу, зэбийр зэрагъэкIуж, утыку йохьэ, къокIыж... Адыгэ Хабзэращ пыухыкIауэ сэлам ехыкIэми, тIысыкIэми, зекIуэкIэми, IэбэкIэми унафэ хуэзыщIыр.

КIэщIу жыпIэмэ, дунейм гъунэ зэримыIэм ещхьыркъабзэу Хабзэми гъунэ иIэкъым – псори къеубыд, псори зэпелъытэ, зэманым зыдрегъэкIу, сыт хуэдэ Iуэхуми Iэмал къыхуегъуэт.

Пэжщ, пасэрей Хабзэхэми иджы кърагъэжьахэми зэманым къемызэгъ, лъэпкъым зэран хуэхъу гуэрхэри хэтщ. Ауэ абыхэм я гугъу иджыпсту тщIыркъым. Зи гугъу тщIыр узыфIэмыкIыжыну Хабзэ тэмэмхэрщ. Ахэр куэдкIэ нэхъыбэщ, нэхъ лъэщщ. Ауэ щыхъукIэ, ди Адыгэ Хабзэм девмыгъэлъэпауэ. Ар ди псэщ, ди фащэщ, ди адэжь щIэинщ. Арыншауэ хъужынукъым: ди лъэпкъ напэри къэрал дызыхэтым и напэри токI. "Правовое государство" дывгъэухуэ жаIэу ауэ сытми къыщрахьэжьакъым ди къэралым: хабзэр зыуи къизымыдзэ, щыхуейм и деж абы хуиту ебакъуэ къэралщ дэ иджыри къэс диIар. Абы кърикIуар псоми долъагъу. Хабзэр щымытепщэм Iуэхури, цIыхури, лъэпкъри щопуд.

Хабзэм и лъабжьэр щэнщ

Хабзэр пцIыху къудейкIэ зэфIэкIрэ, жыпIэрэ ушIэупщIэмэ, зэфIэкIыркъым. Хабзэр ищIэу, ауэ и мыхьэнэр дахэ-дахэу къыгурымыIуэу е имыгъэзащIэу, Iумпэм ищIу дапщэ къытхэт. Хабзэри бзэри зымыщIэжыххэр абы хэплъхьэжмэ-щэ? КIуэ пэтми апхуэдэр нэхьыбэ мэхъу.

Абы, дауи, щхьэусыгъуэ куэд иIэщ, а псом датепсэлъыхьынкъым, куум дыхэмыхьэн папщIэ. Ауэ мы зым шэч лъэпкъ хэлъкъыми, жыIапхъэу къыдолъытэ. Хабзэр цIыхум и псэм дыхьэмэ, и гур игъэпIейтеймэ, кIэщIу жыпIэмэ, хьэл-щэну зэрыубыдмэ, итIанэщ а цIыхур гъэса щыхъур.

Апхуэдэ хьэл-щэн дахэхэм ящыщщ гуапагъэр, лIыгъэр, пэжыгъэр, Iэдэбагъыр, тэмакъкIыхьагъыр, укIытэр, хьэтырыр:.. Ахэр куэд мэхъу, къыубжэкI къудейкIи зэфIэкIынукъым, сыту жыпIэмэ щхьэж сыт хуэдэ мыхьэнэ ептынуми, сыт хуэдэ купщIэ иIэми, къыбгурыIуэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, адыгэ гуапагъэмрэ нэгъуэшI лъэпкъ гуапагъэхэмрэ я купщIэкIэ зэрагъэхь щымыIэми, я фащэкIэ зэщхьэщокI. Гуапагъэм къыхэкIыу французым цIыхубзым и Iэм ба хуещI, японхэм цIыхухъуи цIыхубзи щызэхуэзэкIэ щхьэщэ зэхуащI. Адыгэхэм апхуэдэ хабзэ зэрахэмылъым дыщыгъуазэщ. Адыгэхэм хьэщIэ къахуэкIуамэ, я Iуэхуу хъуар къагъанэри абы гугъу зыдрагъэхь, хьэщIэр тхьэпэлъытэщ, тхьэм и лIыкIуэщ, жари щIыхьышхуэ хуащI. Ауэ лъэпкъ щыIэхэщ, псалъэм папщIэ, нэмыцэхэр, урысхэр, хьэщIэм апхуэдизу зрамыгъэлIэлIэжу.

Иджыри зы щапхъэ: адыгэхэм "щыгъуэ" мыхьэнэ иIэу фащэуи псалъэуи къагъэсэбэпыр фIыцIэщ. Аракъым корейхэм, китайхэм я хабзэр: абыхэм я деж щыгъуэм и фащэр сыт щыгъуи хужьщ.

Дэтхэнэ зы хабзи къащти – апхуэдэщ. Лъэпкъ къэскIэ езым и гупсысэкIэ, и дуней еплъыкIэ гуэр химылъхьэу къанэркъым. Химылъхьэмэ, ар лъэпкъ хъужыркъым, хъужынкIи Iэмал иIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и лъэпкъ къалэныр игъэзэщIэжыркъым.

Шэч хэмылъу, адыгэхэм куэд щIауэ гу лъатащ лъэпкъ хабзэхэр зэрызэщхьэщыкIым. Аращ, къызэрыдгурыIуэмкIэ, "адыгагъэ" жыхуиIэ псалъэр къэзылъхуар. Ар ди лъэпкъ Хабзэр адрей лъэпкъ хабзэхэм къазэрыхигъэщхьэхукIын Iэмэпсымэу къэунэхуа псалъэщ. Абы Адыгэ Хабзэри, адыгэ хьэл-щэнри къызэщIеубыдэ.

Адыгагъэм Хабзэр гъэзащIэ, жеIэри урехулIэ, фIым ухуреджэ, Iейм ущехъумэ. "Адыгагъэ хэлъщ мо щIалэм" жаIэ. Сыт абы къикIыр? Абы къокI, япэрауэ, а зи гугъу ящIым Адыгэ Хабзэр фIыуэ ицIыхуу, етIуанэрауэ, хьэл-щэн хуэхъуарэ игъэзащIэ зэпыту. Аращ Хабзэр ищIэ къудей мыхъуу, "гукIэ зэрешэ" жыхуаIэжыр.

Къэзанокъуэ Жэбагъы и уэсятыр зыщыдвмыгъэгъупщэ, маржэ: "ДифI дымыгъэпуду, ди Iей щIэдмыхъумэу" дывгъэпсэу.

Бгъажьнокъуэ Барасби.
Ctrl
Enter
Заметили ошЫбку
Выделите текст и нажмите Ctrl+Enter
Обсудить (0)