Адыги - Новости Адыгеи, история, культура и традиции » Статьи » Культура » Нэхъыжьым и нэмысымрэ иджырей дунеймрэ

Нэхъыжьым и нэмысымрэ иджырей дунеймрэ

Нэхъыжьым и нэмысымрэ иджырей дунеймрэ
Культура
admin
Фото: Адыги.RU
15:28, 20 февраль 2019
752
0
Нэхъыжьым и нэмысымрэ иджырей дунеймрэ. ГъащIэм хэлъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщ зыщ, зы Iуэхугъуэ гуэрхэр къэунэхуа къудейуэ бзэхыжу, адрейхэр илъэс бжыгъэкIи, лIэщIыгъуэ бжыгъэкIи мыкIуэдыжу къызэрыгъуэгурыкIуэр. Зыр щхьэ щыгъупщэгъуафIэ хъурэ, ад рейр щхьэ хабзэ хъууэ дунейм къытенэрэ? Ди гугъэкъым абы и жэуапыр сыт хуэдэми ехьэлIауэ къытхуэгъуэтыну, ауэ зы Iуэхугъуэ закъуэм и жэуапыр зэхэгъэкIыным зыдопщытыр. Псоми фIыуэ зэдыдощIэр нэхъыжьым и нэмысыр ди лъэпкъым хэлъу щыта хабзэ нэхъ дахэхэм ящыщ зыуэ зэрыщы тыр. "Нэхъыжь здэщымыIэм нэмыс щыIэкъым, нэмыс зэрымылъым насыпи илъкъым", – апхуэдэу жызыIа пасэрей адыгэм акъылрэ дахагъэм и хабзэрэкIэ зэпищIащ гъащIэм и хабзэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы. Дауи, "ар ди адэжьхэм къащIэна хабзэщи, дэ дгъэкIуэдыж хъунукъым", - жыпIэу букъуэдиймэ, зы заулкIэ щытыкIэр къэмыкъутэу пхузэтеIыгъэнущ. Ауэ а
Нэхъыжьым и нэмысымрэ иджырей дунеймрэ
Нэхъыжьым и нэмысымрэ иджырей дунеймрэ. ГъащIэм хэлъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщ зыщ, зы Iуэхугъуэ гуэрхэр къэунэхуа къудейуэ бзэхыжу, адрейхэр илъэс бжыгъэкIи, лIэщIыгъуэ бжыгъэкIи мыкIуэдыжу къызэрыгъуэгурыкIуэр. Зыр щхьэ щыгъупщэгъуафIэ хъурэ, ад рейр щхьэ хабзэ хъууэ дунейм къытенэрэ? Ди гугъэкъым абы и жэуапыр сыт хуэдэми ехьэлIауэ къытхуэгъуэтыну, ауэ зы Iуэхугъуэ закъуэм и жэуапыр зэхэгъэкIыным зыдопщытыр. Псоми фIыуэ зэдыдощIэр нэхъыжьым и нэмысыр ди лъэпкъым хэлъу щыта хабзэ нэхъ дахэхэм ящыщ зыуэ зэрыщы тыр.

"Нэхъыжь здэщымыIэм нэмыс щыIэкъым, нэмыс зэрымылъым насыпи илъкъым", – апхуэдэу жызыIа пасэрей адыгэм акъылрэ дахагъэм и хабзэрэкIэ зэпищIащ гъащIэм и хабзэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы. Дауи, "ар ди адэжьхэм къащIэна хабзэщи, дэ дгъэкIуэдыж хъунукъым", - жыпIэу букъуэдиймэ, зы заулкIэ щытыкIэр къэмыкъутэу пхузэтеIыгъэнущ. Ауэ а зым нэмыщI щIэгъэкъуэн хъун хуэдэу зыри зимыIэр зэман кIыхькIэ пхуэхъумэну пIэрэ? Мы дунейм тет лъэпкъ Iэджэми зэгуэр хабзэу яIауэ жаIэр нэхъыщIэхэм нэхъыжьым нэмыс хуащIыныр. НобэкIэ а хабзэр къызыхэнауэ зыхэлъыр куэд хъуркъым, икIи ахэр нэхъ лъэпкъ къыкIэрыхуахэм ящыщ защIэу, патриархат лъэхъэнэ жыжьэм илъэхъахэу пхужыIэнукъым. СыткIи ар жыпIэн, зи гугъу тщIы хабзэр нобэ зи зыужьыныгъэр нэхъ нэрылъагъу дыдэхэм ящыщу ялъытэ японхэм курыхыу яхэлъмэ. Иужь зэманым дуней псор зыщIэзыгъэплъыж ки тайхэми нэхъыжь нэмысыр хуэсакъыпэуэ яхъумэ.

ГъэщIэгъуэнращи, а нэмысыр зыхэлъыпхъэ щIалэгъуалэр – ар сыт лъэпкъыуи щырет, сыт хуэдэ зэманми хэплъи – сыт щыгъуи нэхъ щхьэзыфIэфIхэщ, нэхъ дрий-псырийхэщ, сампIэимыхьэхэщ, ахэр хабзэ увам, куэдрэ мычэнджащэу, йобэкъуфхэр. Апхуэдэр щIалэгъуэм и нэщэнэ курыхщ, икIи дунейм щекIуэкIа революцэхэм нэхъ щхьэмыгъазэу хэтауэ къыщIэкIыр зи щIалэгъуэхэращ. ГурыIуэгъущ, "сэ сынэхъыжьщ" жыпIэ къудейкIэ абыхэм нэмысышхуэ къызэрыпхуамыщIынур. КъомылIэлIащэу, "унэхъыжьмэ жьыуэ къэтэдж", къыбжаIэнщи ежьэжынщ. АтIэ, сыт къарууэ пIэрэ а IумпIэ зымыщIэхэр, зэхъуэкIыныгъэм и телъхьэхэр къэзыгъэIурыщIэу зыкъомкIэ зэщIэзыIулIэ хабзэр мыкIуэдыжу зыхъумэр? Дакъикъэ бжыгъэ мащIэм къриубыдэу дэ дунейпсо Iуэху зэфIэтхыну дытегушхуэкъым, ауэ мы хабзэр адыгэхэм я деж хъума зэрыщыхъуам и щхьэусыгъуэ гуэрхэм дытеIэбэфынкIэ гугъэ дощIыр.

Куэдым ящIэжынущ Къэзанокъуэ Жэбагъы пащтыхьныкъуэм иритауэ щыта жэуапыр. Ар щIалэщIэ гупым я пашэу лIыщхьэм и пащхьэм щихьам щыгъуэ, модрейр къеупщIат: "Мы щIалэжь цIыкIухэм нэхъ иныIуэ фи гъусэкъэ?" - жиIэри. Абы и жэуапу махъшэ ирагъэлъэгъуащ, "ин ухуеймэ мыр инкъэ!" жаIэри. "Хьэуэ, зиунэрэ, моуэ жьакIэ тету", - щыжиIэм, Жэбагъы бжэн къригъэшащ. Абы щIагъыбзэу щIэлыр сыт жыпIэмэ, – нэхъыщхьэр жьагъ-щIалагъракъым, атIэ зэхэщIыкIымрэ лIыгъэмрэщ, жыхуиIэщ.

ГурыIуэгъуэщи, нэхъыжьым хуащI нэмысри инагъми жьакIэмри къахьыркъым, уафэми къехуэхыркъым, сыту жыпIэмэ, уи лIыгъэ хэмылъу уафэм къыпхуехуэхар зэрыгъуэтыгъуафIэм хуэдэ дыдэу кIуэдыжыгъуафIэ хъунущ. АбыкIэ нэщэнэ хэлъщ Сосрыкъуэ мафIэ къызэрихьам теухуа пшыналъэм: уаем хэхутауэ гузэвэгъуэ зылъыса нартыжьхэм япэ щIыкIэ лIыхъужьым къахуигъуэтыр вагъуэ къриудыхам къыпиху мафIэращ. АрщхьэкIэ ар нартхэм зы гугъуехьи хэмылъу къаIэрыхьа фIыгъуэщи, зыкIи щхьэпэ яхуэхъуркъым. Абы ещхьу, нэхъыжьым хэхауэ нэмыс хуэщIынри зи ныбжь хэкIуэта дэтхэнэми, нэхъапэ къызэрыхъуа къудейм щхьэкIэ, къылъысыркъым. Ди еплъыкIэр нэхъ гурыIугъуэ хъун папщIэ IуэрыIуатэм щыщ щапхъэ зыбжанэ къэтхьынщ. Тхьэм и фIыщIэщи, дэ дызыхуей щапхъэм хуэдэхэр куэдыкIейуэ яхэлъщ уэрэдыжьхэми хъыбарыжьхэми. Нэхъыжь дыдэхэм ящыщ зыщ нартхэм жьы укIыныр зэрызыханыжам теухуа хъыбарым и вариантхэр. Ахэр мызэ-мытIэу щIыпIэ зыбжанэм щатхыжащ, нарт хъыбару гъэпсауэ Сосрыкъуи щырахьэлIэ щыIэщ, ауэ нэхъыбэрэ зыпыщIауэ къакIуэр е Бадинокъуэщ, е зи цIэр кърамыIуэ "зы нарт гуэрщ". Дауэ щытми, лIыхъужьым жьы хъуа и адэр бгым зэрыщидзыжын матэр ищIу здэщытым, и къуэ цIыкIур къыбгъэдолъадэри къощыр: "Ей, ди адэ, а матэр нэхъ быдэIуэу щIы, уэри уи пIалъэр къэсым матэ сымылъыхъуэжын хуэдэу!" - жеIэри. Ар щхьэусыгъуэ мэхъури, лIым и адэр имыукIыжу егъэпщкIу; иужькIэ лIыжьым и чэнджэщ щыпкъэхэр нарт жылэм зэкIэлъыкIуэу щэней къахуэщхьэпа нэужь ар зэрыпсэури къащIэр, жьы укIынри абы докIуэдри нэхъыжьхэр ямыукIыжу, абы ипIэкIэ нэмыс хуащIу мэхъур.

Дауи, ар хъыбар къудейщ, апхуэдэ щыIауи ди фIэщ хъуркъым, ауэ абы къегъэнахуэр зы Iуэхугъуэ – гуащIэр щыхуримыкъум деж, Iуэхур IэмалкIэ зехьэн хуеймэ, а Iэмалыр зыщIэм пщIэ лей егъуэтыр, езым гуащIэкIэ хулъэкIым емылъытауэ. Ар нэхъыжьу IэмалкIэ Iэзэм пщIэ игъуэтынымкIэ япэ тегъэщIапIэщ. АрщхьэкIэ, ди тхьэ деплъыжрэ зыдумысыжмэ, адыгэ тхыдэм куэдрэ къыхэщыркъым зыгуэрым щIэныгъэшхуэ зэриIэ закъуэм щхьэкIэ нэмысышхуэ хуащIу щытауэ. Ар зыкIи гъэщIэгъуэнкъым: зэманыр хьэлъэт, хъуреягъыр бийт, сыт щыгъуи хъунщIакIуэрэ зэрыпхъуакIуэрэ къыптеуэну хьэзырт. Апхуэдэ гъащIэм езым къыхонэхукIыж лIыфIкIэ узэджэным и щапхъэр. Ар, дауи, гуащIафIэуи акъылыфIэуи щытын хуейщ, ауэ псом япэу лIыфIкIэ зэджэр къызэрыхэщыныр лIыгъэ, бэшэчыгъэ зыхэлъ, Iэщэм хуэфIын хуэдэхэрат. Ахэр губзыгъагъэмрэ щIэныгъэ куумрэ япэ имыщмэ, иужь къинэнкIэ зы Iэмали иIакъым.

Мыбдежым къезэгърабгъуу долъытэр дигу къэдгъэкIыжыну лIэщIыгъуэ блэкIам и 70 гъэхэм Иорданием ис адыгэхэм къыдагъэкIыу щыта "Ал-Уахьэ" журналым ита зы хъыбар. Ар зытеухуар адыгэ зауэлI хъыжьэ Уэсфий Мырзэ-пащэрщ. Тхыгъэм къызэрыщыIуэтамкIэ, ар сыт хуэдэ зауэ гуащIэ хэмытами, биишэр гуащIэщ жиIэу, зэи зигъэщхъыу щытакъым, бийр мащIэми куэдми къикIуэт жыхуэпIэр ищIакъым. Дауи, апхуэдэ пашэ зиIэ дзэм хэт зауэлIхэм щапхъэ щыпкъэ ялъагъурти, нэхъ зэфIэкIыгъуей дыдэхэми тегушхуэт, зэ еплъыгъуэкIэ, пхулъэмыкIыну къыпфIэщIыну гурхэри зрагъэхъулIэрт. А тхыгъэ дыдэм къызэрыщыIуэтэжамкIэ, а лIы хъыжьэр биишэми джатэми имыхьауэ жьыгъэм щилIыкIыжым щыгъуи пIэ щабэм хэлъу и псэр хэкIыныр фIэикIагъэ хъури, зэрыжаIэщи, щыту зигъэлIащ.

Мы щапхъэр закъуэкъым, атIэ адыгэ тхыдэм, гъащIэм къыхэкIауи, IуэрыIуатэм хэтуи мыбы ещхь куэд урохьэлIэр. Ахэр зыуэ къэугъуеижарэ гупсысэ нэхъыщхьэу къахэщыр къэтпщытэмэ, нэхъыжьыр лIыгъэрэ бэшэчагъкIэ щапхъэфIу щытауэ къыхощыжыр. АтIэ, нэхъыжьым акъыл бгъэдэлъмэ, лIыгъэ хэлъмэ, бэшэчмэ, абы нэмысыр жьакIэрэ инагърэкIэ ямызакъуэу нэгъуэщIкIи къихьыркъэ! АрщхьэкIэ, гъащIэр зэмылIэужьыгъуэ куэду зэхэлъщ, а къыжытIахэм нэмыщI лIыфI жебгъэIэу уи нэмысыр пхъумэжын щхьэкIэ иджыри зыгуэр хуейуэ къыщIокIыр. АбыкIэ щапхъэ гъуэзэджэу къытфIощIыр "Нартыгу и уэрэд" жыхуэтIэм къыдэкIуэ хъыбарыжьыр. НартыгукIэ зэджэр жьы хуегъэзэкI хъуат, и гъусэу зекIуэ дежьэу, и лIыгъэм щыгъуазэу щытахэм ящыщ щыIэжтэкъым. И зэманым зауэ-банэм хэмыкIыурэ унагъуэ имыщIакIэу, щхьэзакъуэу къэнат. Мо лIы хъыжьэм и Iуэху зытетыр зымыщIэхэм фэ щIагъуэ кърамыплъыжрэ и щхьэм хуигъэфащэхэм Iумпэм къащIу, зыхуэдэр зыIуэтэжыни щымыIэу къэнат. Iуэхуращи, апхуэдэм деж уэ бгъэхъахэр уэршэрым ухэсу жыпIэжмэ, нэхъыкIэжыр къыпщыщIынут, сыту жыпIэмэ, езы уэрэдми зэрыхэтщи, "лIыжь щхьэщытхъу" къыпфIащынут, абы щыгъуэми, зи щхьэ щытхъуж нэхъыкIэу ялъытэ куэд щыIакъым. АбыкIэ япэм уиIа пщIэ тIэкIури пфIэкIуэдыжынутэкъым. Нартыгум сыт Iэмалу къигъуэтар? ТIысщ, шыкIэпшынэжьыр къищтэри, и щхьэ хужиIэж хуэдэурэ и Iуэху къызэрекIуэкIа пэжыр къиIуатэу тхьэусыхафэ уэрэд иусащ. Уэрэдым дамэ тетщ жыхуаIэрати – ар уэ зэхэпха, сэ зэхэсха – цIыху цIыкIум яхэIуэри, абы и фIыщIэкIэ лIыфIым хуэфащэр къылъысыжащ.

Иджыри зы щапхъэ къэтхьыныр къезэгърабгъуу къытфIощIыр. Зы къуажэ гуэрым зы гъукIэжь дэст, жеIэ хъыбарым, махуэм кIыщым щылъащэу, жэщым и закъуэ зекIуэ ежьэрэ Iэджи игъахъэу, ауэ зыми къимыщIэу. Зэгуэрым ар хэкум нэхъ щыцIэрыIуэ дыдэу зи хъыбар куэд яIуатэхэм ящыщ зекIуэлI гуэрым деж зыкъримыгъэцIыхуу екIуалIэщ, зекIуэ гъусэу здыришажьэщ, лIыгъэкIэ зэрытекIуэр игъэнахуэщ, къахьар абы и деж хъумапIэу къигъанэри и кIыщыжьым къекIуэлIэжащ. Мо зи лIыфIыцIэ хэкум хэIуар куэдрэ пэплъащ жэщ хьэщIэ мыцIыхур къыкъуэкIыжыным, арщхьэкIэ щымыхъум ежьэщ, щIэупщIэурэ хэкур къызэхикIухьщ, ерагъыу гъукIэжьыр къигъуэтри абы и къуажэгъухэм яхуиIуэтэжащ, щIагъуэ пщIэ зыхуамыщI гъукIэ къызэрыгуэкIыу ялъытэм къуэлъ дыдэхэр.

Мы хъыбаритIми зы гупсысэ яхэлъщ: нэхъыжьым игъэхъахэр и жьэкIэ иIуэтэжыркъым, и фэкIэ закъыхимыгъэщу мэпсэу, ауэ Iэмалыншэ щыхъум деж и щхьэ хуэфащэр зэрылъысыжын хэкIыпIэри къегъуэтыр.

Иджыри зы пкъыгъуэ къэдгъэнауэ къытфIощIыр. "Сытыр фи тхыдэ?" жиIэу къеупщIам Къэзанокъуэ Жэбагъы жэуапу иритыжар мыращ: "Ди нэхъыжь ди тхыдэщ". А жэуапым щIэлъ щIагъыбзэр мыпхуэдэущ къызэрыдгурыIуэр: адыгэхэм я нэхъыжьхэр хабзэм и дахэхэм, блэкIа зэманым къэхъуауэ гум илъын зыхуэфащэхэм, лIыгъэм, цIыхугъэм, пэжыгъэм, акъылыфIагъым я щапхъэхэр зыхъумэу щытар нэхъыжьхэращ. Ар зи къэкIуэным фIыкIэ щыгугъ дэтхэнэ лъэпкъым дежкIи лъапIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Iуэхугъуэщ, икIи а лъапIэныгъэр зыхъумэу зезыгъакIуэми и щхьэкIэ хуокIуэж.

Мы къыжытIа мащIэмрэ щапхъэхэмрэ дыкъриплъэжмэ, иджыри зэ нэрылъагъу къытщохъур адыгэхэм нэхъыжьым хуащIу щыта нэмысыр къызыхэкIыр зыужьыныгъэкIэ адрей лъэпкъхэм къакIэрыхуу патриархаткIэ зэджэ лъэхъэнэ жыжьэм илъахъэу къыщынауэ зэрыармырар. Абы хуэдэ дыдэу, а дэ диIэ хабзэр зэгъуэкI зыщIа лъэпкъхэри зыгуэрым къыкIэрыхуауэ, ахэр нэхъ икIэу жыпIэнри щыуагъэ хъунущ. Лъэпкъхэм я тхыдэм куэдрэ къыщохъур зэман жыжьэ дыдэм къыщежьа хабзэжьыр гъащIэм щыхэкIуэдыкIи, зэманымрэ гъащIэмрэ яIэ зэхъуэкIыныгъэхэм емылъытауэ, мыкIуэдыжу лIэщIыгъуэ Iэджэм къыщыкIуэцIырыкIи. Зым деж кIуэдам и пIэ нэгъуэщI зыгуэр къоувэ, адрейм – япэрей хабзэм и пкъыгъуэр къонэри и купщIэм зехъуэж. Мыбдежым етIуанэм хуэдэр къэхъуауэ къыдолъытэр дэ. Зэгуэр, цIыху цIыкIур цивилизацэм и гъуэгум щытемыувагъэххэм щыгъуэ лъэкIыныгъэ зиIэ нэхъыжьым щIалэ гуащIэмащIэ цIыкIухэр шынагъэкIэ къигъэдаIуэу щытагъэным хуэIуа щыIэкъым. Апхуэдэ лIы хъыжьэм и нэмысыр ткIиигъэрэ ябгагъэкIэ иIыгъыу щытари пэжынущ. Ауэ цIыхубэ гъащIэм зиузэщIурэ, зэхэщIыкIым хэхъуэурэ, абы цIыхум хэлъыпхъэ цIыхугъэри Iуэхум нэхъыбэу къыхыхьэурэ, хабзэм и купщIэми и теплъэми захъуэжащ. ЛIыгъэ зэхэгъэкIыпIэр зи бэ гъащIэ хьэлъэм щIимыIубэу лъэпкъыу къызэтенэн щхьэкIэ, адыгэхэм я хабзэм ар зэтезыIыгъэ икIи псэ хэзылъхьэ Iуэхугъуэхэм ящыщ зыуэ къэнащ нэхъыжьым лъагъэс нэмысыр.

НаIуэ къэтщIыну дызыпылъар къыдэхъулIауэ щытмэ, гурыIуэгъуэу къытфIощIыр а нэмысым и тегъэщIапIэ хъуа Iуэхугъуэхэр. Псом япэу, ар зи нэхъыжьыгъуэхэм бэуэ яхэлъ гъащIэ щIэныгъэращ. Бэдинокъуэ и адэм кърита чэнджэщыфIхэм хуэдэр акъылу къызыхэкIыр гъащIэ кIыхьым узыIуигъащIэ лъапощхьэпохэращ. Ахэр зымыгъэунэхуа дэтхэнэри япэ итахэр зыжьэхэуауэ щыта дыдэхэм жьэхэужурэ, зыкъомрэ и натIэр зэгуиудыжын хуей хъунущ, зыщIэм и щIэныгъэр зыхимылъхьэмэ. Абы адэкIэ, ямылейуэ мыхьэнэшхуэ иIэщ нэхъыжьым и щапхъэм. ЛIыгъэр, напэр, нэмыс лъагэр япэ изыгъэщу мыгъуагъэхэм зэрыпэлъэщын лIыгъэ зыхэлъ нэхъыжьым езым и пщIэр ихъумэж къудейуэ къанэркъым, абы и щэныр щIэблэм плъапIэ яхуохъу, пкъым нэхърэ псэр зэрынэхъ лъапIэм и щапхъэ хьэлэмэту къоуври лъэпкъ псом и теплъэр егъэлъагэ, егъэдахэ. Абы хуэдэу, зи зэхэщIыкIым зиузэщIа дэтхэнэм дежкIи гукъинэ мэхъур нэхъыжьым и гъащIэм щыщ къэхъугъэхэу Iуэху мыщхьэмыпэ гуэрым къыхэкIын щхьэкIэ абы шыIэныгъэрэ Iэдэбрэ хэлъу къызэрыщIэкIар, игъэхъа дыдэхэри и жьэкIэ иIуэтэжын и щхьэ хуимыгъэфащэу, е нэгъуэщIхэм къыдалъэгъуар яIуэтэжыху зэрызишыIар, е, Iэмал щимыIэжыххэми, нэмысри имыгъэкIуэду зэрызиухеижыфар.

ИкIэм икIэжым, ди зэманымкIэ зыкъэдгъэзэжынщи, нобэми адыгэхэм нэхъыжьым нэмыс хуэщIыныр тхэлъмэ, ар IуэхугъуитI зэуIум къахокIыр. А тIум япэр езы ди нэхъыжьыфIхэр щапхъэ укъэзымыгъэпцIэжыну зэрыщытырщ. ЕтIуанэр – уи нэхъыжь и пщIэр пхъумэныр уэ езым гъэсэныгъэ зэрыпхэлъым и нэщэнэу зэрытлъытэрщ. Аращи, гъащIэм и пхъэшапIэхэм къыщежьа Iуэхугъуэр зекIуэурэ, щхьэхуэщIэ къалэныр йокIутри, ар гъэсэныгъэ дахэм, цIыхугъэ лъагэм, Iэщэбагъ-Iущэбагъым и плъыфэ мэхъур. пасэ зэманыжьым щыгъуэ лъэпкъыр зэрызэтеIыгъэу щыта хабзэ ткIийр иджы дахагъэм и пкъыгъуэкIэ мэщIэращIэри ар зиIэ лъэпкъыр егъэгушхуэ, цIыхугъэ IэфIым хуеузэщI.

Гъут Iэдэм.
Ctrl
Enter
Заметили ошЫбку
Выделите текст и нажмите Ctrl+Enter
Обсудить (0)