Адыги - Новости Адыгеи, история, культура и традиции » Статьи » Культура » Унагъуэ ихьа бзылъхугъэм ехьэлIа хабзэхэр

Унагъуэ ихьа бзылъхугъэм ехьэлIа хабзэхэр

Унагъуэ ихьа бзылъхугъэм ехьэлIа хабзэхэр
Культура
admin
Фото: Адыги.RU
15:37, 20 февраль 2019
1 393
0
Бзылъхугъэ унагъуэ ихьам зырихьэу щыта хабзэхэр. Илъэс щэ бжыгъэ ипэкIэ ди хэкум щыхьэщIахэм яфIэтелъыджэу ятхыжу щытащ адыгэ бзылъхугъэхэр зэрыдахэр, абыхэм гъэсэныгъэшхуэ зэрахэлъыр, нэмы сышхуэ хуащIу зэрыщытар. Ар къызыхэкIыр фIагъыу яхэлъ псори къыдалъхуауэ аратэкъым, атIэ, ахэр IэпкълъэпкъкIэ зэкIуж защIэу щытауи дощIри, куэд елъытат къызыхэхъуа унагъуэмрэ лъэпкъымрэ гъэсэныгъэу къратым. Дунейм къыщытехьам щегъэжьауэ адыгэ хъыджэбзэхэр яущийрт, хуаузэщIырт хьэл-щэныфIэу, Iэ щабэ-Iу щабэу, гъэщыпкъауэ, унагъуэ зехьэнкIи IэкIуэлъакIуэхэу, Iуэху зэфIагъэкIынкIи шэрыуэхэу, цIыху хэтыгъуэми щэныфIэрэ бзэ IэфIу щытыным. А псори къыхалъхьэрт гуащэ-хьэпшып щыджэгухэм щегъэжьауэ, пщащэр унагъуэ ихьа иужькIэ къыхуэщхьэпэн хуэдэу. Ижь ижьыж лъандэрэ адыгэхэм псалъэжь яIэщ: Къэзылъхуар мэупIэри, зымыпIам хуолажьэ. Абы къикIыр
Унагъуэ ихьа бзылъхугъэм ехьэлIа хабзэхэр
Бзылъхугъэ унагъуэ ихьам зырихьэу щыта хабзэхэр. Илъэс щэ бжыгъэ ипэкIэ ди хэкум щыхьэщIахэм яфIэтелъыджэу ятхыжу щытащ адыгэ бзылъхугъэхэр зэрыдахэр, абыхэм гъэсэныгъэшхуэ зэрахэлъыр, нэмы сышхуэ хуащIу зэрыщытар. Ар къызыхэкIыр фIагъыу яхэлъ псори къыдалъхуауэ аратэкъым, атIэ, ахэр IэпкълъэпкъкIэ зэкIуж защIэу щытауи дощIри, куэд елъытат къызыхэхъуа унагъуэмрэ лъэпкъымрэ гъэсэныгъэу къратым. Дунейм къыщытехьам щегъэжьауэ адыгэ хъыджэбзэхэр яущийрт, хуаузэщIырт хьэл-щэныфIэу, Iэ щабэ-Iу щабэу, гъэщыпкъауэ, унагъуэ зехьэнкIи IэкIуэлъакIуэхэу, Iуэху зэфIагъэкIынкIи шэрыуэхэу, цIыху хэтыгъуэми щэныфIэрэ бзэ IэфIу щытыным. А псори къыхалъхьэрт гуащэ-хьэпшып щыджэгухэм щегъэжьауэ, пщащэр унагъуэ ихьа иужькIэ къыхуэщхьэпэн хуэдэу. Ижь ижьыж лъандэрэ адыгэхэм псалъэжь яIэщ: Къэзылъхуар мэупIэри, зымыпIам хуолажьэ. Абы къикIыр бзылъхугъэр къызыщыхъуа унагъуэр абы и гъэсэныгъэм куэду егугъуу зэрыщытаращ, балигъыпIэ иувэу хамэ унагъуэ ихьа нэужь къэзылъхуар имыгъэщIэхъун хуэдэу.

Гъэсэныгъэм ехьэлIауэ мыпхуэдэ псалъэжьи щыIэщ: "Шэхур хуабэу яхуз, фызыр щIалэу ягъасэ". Фи пащхьэ ислъхьэну сыхуейт, Адыгэ Хабзэм ипкъ иткIэ унагъуэ ихьа адыгэ бзылъхугъэм зырихьэу щыта хабзэхэм ятеухуа си тхыгъэм щыщ Iыхьэ. Мы лэжьыгъэр гъэхьэзырынымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ къысхуэхъуащ я псэ емыблэжу илъэс куэдкIэ къуажэ-къуажэхэр къакIухьыурэ Адыгэ Хабзэм и пкъыгъуэхэр зэхуэзыхьэсыжа ди нэхъыжь лъапIэ зыкъомым я IэдакъэщIэкIхэр. Абы ящыщщ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу КъардэнгъущI Зэрэмыку, Нало Заур, МэфIэдз Сэрэбий, Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий, Гъут Iэдэм сымэ. Абы нэмыщIу, сэ щIэспщытыкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым къыдигъэкIа тхылъхэм, и архивымрэ фонотекэмрэ илъэс пщIы бжыгъэкIэ щызэтралъхьауэ щIэлъ Iэрытххэмрэ фонограммэхэмрэ. ИтIанэ, къэзгъэсэбэпащ нэхъыжьхэм къаIуэтэжу сэ зэхэсхахэри, къуажэ зыбжанэм экспедицэу дызыдыхьахэм щызэхэсхахэри.

Нысэ къэзыша унагъуэм мис мыпхуэдэу ехъуэхъухэт:

И нысэ къишар
Мэл хуэдэу Iущащэу,
Щынэ хуэдэу Iу щабэу,
Джэд хуэдэу быныфIэу,
ХьэфI хуэдэу Iу махуэу,
ШыфIым хуэдэу цIэрыIуэу,
Къуалэбзуубзэу,
Убзэрэбзэжу,
Жыхапхъэ илъэфу,
Унафэр иримыхыу,
Джанэ Iэщхьэхъуу,
Щауэ хъурылъхуу,
Къилъхур иузэду,
Идыр мытIэпIу,
Мыпэщэщалэу,
Мыгъуэлъыгъуейуэ,
Iупэм епщIу,
ЩIыфэм екIуу
Боз, Мэрзей, Самыр,
Зэхэхуэ – зэхэщIми
Дарий пщIей
И гуащэ пащхьэм
къыдигъэкIуриеу,
Къыздрашам
Лъэдакъэ махуэ къыщинауэ,
Къыздашам
Лъапэ махуэ къахуихьауэ
Тхьэшхуэм ищIыну долъэIу.

Унагъуэ ихьа бзылъхугъэм езым хабзэм щыщ зыбжанэ игъэлъэгъуэн хуейт. Япэрауэ, укIытэ хэлъу, намыс нэхъыжьхэм якIэлъызырихьэу, псалъэр тIу имыщIу зэрыщытыр наIуэ къищIырт. Абы ехьэлIауэ псалъэжьхэр къэтхьынщ:

УкIытэ зиIэм насып иIэщ;
УкIытэмрэ нэхъуеймрэ цIыхугъэм и дамыгъэщ.

ИтIанэ, нысэр зыхуэдэр къэзыгъэнахуэ псалъэжьи къэтхьынщ:

МафIэ мыхъунур ищхьэм щолыдри, нысэ мыхъунур жьантIакIуэ мэхъу.

Нысэмрэ гуащэмрэ я зэхущытыкIэр зыкъомкIэ ещхьщ пхъумрэ анэмрэ я Iуэхум. Ауэ нысэр унагъуэм щыщ щыхъуа махуэм щегъэжьауэ ар хуаущийрт унагъуэр зэрызэрихьэным, абы илъ хабзэмрэ зэхущытыкIэхэмрэ зэрихъумэным, фIыуэ щIэлъыр зэригъэбэгъуэным, унагъуэ кIуэцI Iуэхухэр и гуащэм къыIэпихыу, пIалъэр къыщысым деж езыр унэгуащэ къалэным зэрыпэрыувэным. Дауи, бзылъхугъэ нэхъыжьу зыущиймрэ нысащIэмрэ зы пэш зэдыщIэсыну емыкIу хэлътэкъым, а тIум Iэджи фIыкIэ зыIэпахын хуейт.

Ауэ тхьэмадэмрэ нысэмрэ я Iуэхур тIэкIу нэгъуэщIу зэхэлът. Унагъуэ ихьа бзылъхугъэм и тхьэмадэр абы занщIэу къытехьэртэкъым, а тIур зы пэш щызэIущIэхэртэкъым икIи зэпсалъэртэкъым, зыгуэркIэ зы пэш кIуэцI щызэхуэзами, ауэ щызэблэкI мыхъумэ зэдыщIэстэкъым. Тхьэмадэм нысэм псынщIагъэ гуэр дилъэгъуамэ, е игу иримыхьын гуэр ищIэу илъэгъуамэ, ар езыми жриIэртэкъым, техьэнуи хуепIэщIэкIыртэкъым, унагъуэм щыщ зыгуэр щIэупщIэу Iуэхур зытетыр къищIэху. ИтIанэ а щIэупщIар къигъэсэбэпырти, мис мыпхуэдэ хьэлыр сигу иримыхьу дэслъэгъуащ, жиIэрти нысэм зэхыригъэхыжырт. Мыбдежым щIагъыбзэ дахэри шэрыуэу къагъэсэбэпу зэрыщытар псалъэжьу къэнэжащ: "КъедаIуэ сипхъу, зэхэщIыкI си нысэ",- жиIэу. Апхуэдэу нысэм ираIуэкIырти, абы и щыуагъэ-гъуэщагъэр зыригъэзэхуэжа нэужь, хьэл-щэн мыхъумыщIэу жыхуаIар зыхиныжа нэужь тхьэмадэр нысэм техьэрт. НысащIэр унагъуэм зэрихьэрэ мазэ зыбжанэ ирикъуа нэужь, тхьэмадэр нысэм фIыуэ кIэлъыплърэ, нэмыс, укIытэ, гъэсэныгъэ хэлъу дилъагъумэ, игъуэ хъуауэ къилъытэмэ, тхьэмадэр и Iыхьлы-благъэхэм еджэрти Iэнэ яхузэщIиузадэрт. Абдежым абы, зэрыхабзэу, нысэм техьэпщIэ-псалъапщIэу саугъэт хуищIырти, итIанэ зэтехьэхэт. Абы щегъэжьауэ нысэмрэ тхьэмадэмрэ зэпсалъэу, икIи зэрылъагъу хъууэ щытащ. Ауэ абы щыгъуэми щIэх я жьэр зэсэртэкъым, уэршэрэгъу кIыхь зэдэхъутэкъым.

Фызыжь нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, илъэс зыбжанэкIэ я тхьэмадэхэр къащытемыхьа щыIащ. Нысэр тхьэмадэм игу иримыхьыххэу, дэпсэлъейуэ, хабзэмыщIэу дилъэгъуамэ, е езы лIыжьыр ябгэIуэу къыщIэкIамэ, зэикI щызэтемыхьи къэхъурт.

Тхьэмадэмрэ нысэмрэ зыкъомрэ зэтемыхьэу щIыщытар нысащIэр гугъу ирагъэхьыну, хьэмэрэ лей гуэр трагъэхьэну аратэкъым, атIэ зы унагъуэу, зэгурыIуэ – зэдэIуэжу, нэмыс, насып я унэм илъын папщIэт. НысащIэр пIалъэ гуэрым къриубыдэу мащIэ-мащIэуэрэ зыхыхьауэ иджы езым ей хъун хуей унагъуэм хэсыхьырт, абы щызекIуэ зэхущытыкIэхэм хэгъуазэрт. Тхьэмадэр нысэм техьа иужькIэт зэпсалъи, зэрылъагъуи щыхъур.

Пасэрей адыгэ унэхэм щIыхьэпIэу тIу яIэу щытащ: зыр гуащэ-тхьэмадэм къагъэсэбэпу, адрейр нысащIэм къигъэсэбэпу. Ар ящIу щIыщытар гуащэ-тхьэмадэмрэ нысэмрэ куэдрэ зэхуэмызэн, я жьэрэ къызэрыгуэкI псалъафэхэрэкIэ щIэх зэмысэн щхьэкIэт. Апхуэдэ хабзэм къикIыр нысащIэр ягъэпуду хьэмэрэ зэрамыпэс хуэдэ защIу аратэкъым, атIэ гуащэ-тхьэмадэм зэман яIэт я нысэм кIэлъыплъыну, и IуэхущIэкIэр, и дуней тетыкIэр, и хьэл-щэнхэр зэрагъэщIэн папщIэ. НысащIэ къашагъащIэри унагъуэм нэхъ тыншу есэрт, абы къыщекIуэкI хабзэхэри зэригъащIэрт. Мис арат а хабзэр адыгэхэм зэрахьэу щIыщытар.

Пасэ зэманым нысащIэ къашагъащIэм илъэскIэ Iуэху хьэлъэ ирагъащIэу щытакъым: псалъэм папщIэ, ар унагъуэм къыщихьагъащIэхэм пщафIэртэкъым, пщэфIапIэм зыри щищIэххэртэкъым. Ауэ, Укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ, жаIэу щIыщытар нысэм укIытэ хэлъу, Iэщабэ-Iущабэу зэрызигъэлъэгъуэн хуейр арат икIи Iуэху мыхьэлъэ зэмылIэужьыгъуэхэри и пщэ дэлът. Арауэ къыщIэкIынщ, "Гуащэ темышэрэ пэт жыхампхъэ къещтэ", щIыжаIар. Абы унэр зэлъыIурагъэхырт, пэш кIуэцIым щагъэпхъанкIэрт, дэрбзэр лэжьыгъэ мыгугъухэр ирагъащIэрт. Гъунэгъухэм щэкI къыхуахьырти ягъадэрт, щIалэхэми зэрахьэ хьэпшып цIыкIу зыбжанэ ирагъэщIырт. Зэрыхабзэти, нысащIэр нэхъ Iэпэщабэу ялъытэу щытащ.

Нысэр цIыхубз Iуэху дэтхэнэми нэхъ теубыдауэ еувалIэу щыщытар япэу псыхьэ кIуа нэужьт. АтIэ, нысащIэр япэ дыдэ псыхьэ щыкIуэм деж Iэмал зимыIэу ябжырт Псыхъуэгуащэм пщIэ хуищIыр игъэлъэгъуэну. Абы дауэдапщэ цIыкIу гуэрхэр ехьэлIат.

Псыхьэ ежьэным ипэкIэ нысащIэм саугъэт зыкъом игъэхьэзырт: чысэ цIыкIу, пэрылъэщI бэлътоку цIыкIу, IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIыгъужу. НысащIэм пхъэхьыр и дамэм телъу къежьэрт. Абы игъусэ хабзэт нысэгъу нэхъыжь, пщыпхъу хъыджэбз, пшынауэ, гъунэгъу, хьэблэ сабийхэр. Гъуэгу здырикIуэм тету къахуэзэхэм нысащIэм и цIэкIэ тыгъэ хуащI хабзэт. Нэхъыжь къахуэзэхэр нысащIэм къехъуэхъурт насып куу иIэну, узыншагъэ быдэ иIэну, быныфIэ хъуну, псыхьэ гъуэгу угъурлы теувауэ къыщIэкIыну.

Псым нэблэгъауэ адрейхэр къэувыIэрти, нысащIэм и закъуэ япэ ирагъэщырт. Ар псыежэхым, е псынащхьэм бгъэдыхьэрти, къригъэхъуэн ипэкIэ дахэу шхыныгъуэхэмрэ IэфIыкIэхэмрэ псы Iуфэм мывэ гуэрым трилъхьэрт, Тхьэм елъэIурт. ИужькIэ псыр къригъахъуэрти, пхъэхьым ириужын хуей щыхъум, щIалэ цIыкIу къомыр къежэрт – псыр иракIутыну, нысащIэм ираутхыну хэтт, псым ятIэ хадзэрт. НысащIэр абдежым бэшэчрэ тэмакъкIыхьу къыщIэкIын хуейт. Модрейхэм, ар къызэрымыгубжьар ялъагъуамэ, къуейщIеин щагъэтыжырт, ауэ нысащIэр къэгубжьамэ, нэхъыжьхэри щIалэ цIыкIухэм я телъхьэ щыхъу щыIэт. Ауэ гуфIэу, сабийхэм ядэджэгуу ялъэгъуа – нэхъыжьхэми и гъусэу къежьахэми нысащIэм и лъэныкъуэр яубыдырти тэмэму, зыри зэран къыхуэмыхъуфу псыр зэрырагъэхьыжыным иужь итхэт. Насып зиIэм шыIэныгъэ иIэщ щIыжаIэр арауэ къыщIэкIынщ. Къэсыжа нэужь унэм исхэр нысащIэм ехъуэхъурт. Языныкъуэ къуажэхэм щыхабзэу щытащ, нысащIэр япэ псыхьэ щыкIуам къихьа псым щыщ унагъуэм ис псоми зыIуагъахуэу. ЩыхъуахъуэкIэ: "Псым хуэдэу уаулъагъу!" - жаIэрт. Абдежым щегъэжьауэ нысэр гуащэм игъусэуи и зэкъуэуи пщафIэрт, жэми къишырт, хадэ лэжьыгъэми хыхьэрт. КIэщIу жыпIэмэ, унагъуэ кIуэцI Iуэхуу цIыхубзым и пщэ дэлъ псоми езым и Iуэху хэлъ хъурт.

ЦIыхубзыр зэикI цIыхухъу Iуэхум хэпсэлъыхьыртэкъым, цIыхухъухэри цIыхубз Iуэхум хэIэбэ хабзэтэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми Къэзэнокъуэ Жэбагъы лейуэ жиIакъым: Жылэм ягъэпуда лIыр фызым къыдехыжыфри, фызым игъэулъия лIыр зэрыжылэу яхуэгъэкъэбзэжыркъым, - жиIэу. ЦIыхухъум пщIэуэ иIэныр ар щхьэгъусэм зэрыхуэузэдым IэджэкIэ елъытат. Пасэ зэманым нобэ хуэдэу куэду хьэпшып ящэртэкъым – цIыхухэм нэхъыбэу зэрахьэр езыхэм ядыжа хьэпшыпт. Абы къыхэкIкIэ, адыгэ бзылъхугъэхэр дэрбзэрыным хуэмыIэзэныр икIагъэу ябжырт. Абыхэм ящIа цейр пкъым хуэфIыпст, яда джанэр тIэпIыжыртэкъым, я Iэм къыщIэкIа хьэпшыпыр быдэт, егъэлеяуэ дахэт, гъэщыпкъат. ЦIыхубзхэм щIагъщIэлъ, джанэ, гъуэншэдж, фащэ къудейтэкъым ядыр, абыхэм къэптал, пыIэ, лъей, гуэншырыкъ хуэдэхэри ящIырт. Бзэпс быдэ икIи дахэ зыщIыф бзылъхугъэр, уагъэ-щагъэ екIукIэ хьэпшыпхэр зыгъэщIэращIэр, блэкIрэ пэт зэрыжаIэу бзыпхъэ тезыхыфыр хэку псом щагъэлъапIэу цIэрыIуэ хъурт.

Бзылъхугъэм сабий къыщIэхъуамэ, дауи, ар и быныр зыхуей хуигъэзэфу IэкIуэлъакIуэу зэрихьэу щытын хуейт. ЦIыхум цIыкIу щIыкIэ зыхилъхьа хьэл-щэнращ гъащIэм и кIыхьагъкIэ къыхуэщхьэпэжыр. Анэм и дерст сабийр иущиину, и лъэпкъ къызыхэкIар фIыуэ илъагъуу, хабзэмрэ нэмысымрэ илъытэу, нэхъыжьми нэхъыщIэми пщIэ хуищIу, цIыху пэжу дунейм тетынымкIэ. Сабийхэм гъэсэныгъэ бгъэдэзылъхьэу щытар нэхъыбэу анэмрэ анэшхуэмрэщ. Сабий ныбжьым икIа нэужь щIалэ цIыкIухэр цIыхухъу нэхъыжьхэм я IэмыщIэ щихуэм ирихьэлIэу абыхэм къыхалъхьагъэххэу лъабжьэ щыпкъэ яIэ хъурт.

Адыгэ бзылъхугъэм и Iэгу и Iэнэу хьэщIэ къригъэблагъэу щытащ. Унэм цIыхухъу хьэщIэ къихьамэ, унэгуащэр пежьэ хабзэтэкъым. Ар зыщIэн хуейр унагъуэм ис цIыхухъурат. Ауэ, унэгуащэр фIыуэ ялъытэрт, занщIэу хьэщIэр хьэщIэщым зэрыщIыхьэу Iэнэ лъакъуищ цIыкIум тету шхын хущIыригъыхьэмэ. Апхуэдэу IэкIуэлъакIуэу зи унагъуэ зезыхьэф, зи бын, зи щхьэгъусэ зыхуей хуэзыгъэзэф бзылъхугъэхэм папщIэ адыгэхэм жаIэ: Унэр зыгъэунэри, благъэр зыгъэблагъэри фызщ. ИтIанэ мыпхуэдэ псалъэжьи щыIэщ: ФызыфIым насып къыдокIуэ, жаIэу. Си псалъэр згъэтIылъыжыну сыхуейт бзылъхугъэм хуэгъэза пасэрей хъуэхъукIэ:

Мы Iэнэр къытхуэзыгъэува
Унэгуащэр
ФызыфIу,
ШхыныфI ищIу,
Цы ипщIырейуэ,
Жьэгур къиубэу,
Быным я нэхъыжьу,
Удзым хуэдэр и бжьыну,
Дзыдзафэр и джэдыгуу,
Дарийр и гущхьэу,
Зэпымычыжу хьэжэр и щхьэлу,
КъеблэкIар и афэу,
Домбейм и фэр и бгъэну,
Губгъэн лъэпкъи имыIэу,
Игу щIэныкъуэ щымыIэу,
Игу къеIэм и Iэ лъэIэсу,
И жьэм фIы къыжьэдэкIыу,
Бэ дэкIыр имыхабзэу,
Хабзэ щIэкъуу,
Кхъуэщыныжьым
КъуитI тетрэ къригъахъуэу,
Ар къызыхэкIыр
Тхьэгъэлэдж дыщэу,
Дунейм фIыгъуэкIэ тегъэт!
Куэдрэ Тхьэм игъэпсэу!

Къэдгъэсэбэпа тхыгъэхэр:
I. Адыгэ псалъэжьхэр. – Налшык: Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапIэ, 1965.
2. Б.Х. Бгажноков. Очерки этнографии общения адыгов. – Нальчик: Эльбрус:, 1983.
3. ГъукIэмыхъу А., КъардэнгъущI З. Адыгэ псалъэжьхэр. – Налшык: Эльбрус, 1994.
4. Загазежев З.М. Очерки по адыгской народной педагогике. – Нальчик: Эльбрус, 1996.
5. КБИГИ-м иархив, ф.12, оп.I.
6. Мафедзев С. Адыги. Обычаи, традиции (Адыгэ Хабзэ). – Нальчик: Эль-Фа, 2000.
7. Налоев З.М. Из истории культуры адыгов. – Нальчик: Эльбрус, 1978.
8. Щоджэн Хьэзешэ, КъардэнгъущI Зырамыку. Адыгэ Хабзэу щыIахэр. – Налшык: Эльбрус, 1995.

Гъут Ланэ.
Ctrl
Enter
Заметили ошЫбку
Выделите текст и нажмите Ctrl+Enter
Обсудить (0)