Адыги - Новости Адыгеи, история, культура и традиции » Статьи » Культура » Адыгэ хабзэмрэ зэныкъуэкъуныгъэхэр зэрызэфIах щIыкIэхэмрэ

Адыгэ хабзэмрэ зэныкъуэкъуныгъэхэр зэрызэфIах щIыкIэхэмрэ

Адыгэ хабзэмрэ зэныкъуэкъуныгъэхэр зэрызэфIах щIыкIэхэмрэ
Культура
admin
Фото: Адыги.RU
15:50, 20 февраль 2019
1 433
0
Адыгэ Хабзэмрэ зэныкъуэкъуныгъэхэр зэрызэфIах щIыкIэхэмрэ (IуэрыIуатэм ипкъ иткIэ) ЦIыхур зыхэт жылагъуэ псэукIэр къызэзыгъэпэщыр гуп зэхэтыкIэмрэ цIыху щхьэхуэхэм я зэхущытыкIэхэмрэщ. Зэхыхьэ-зэхэкIыу зэдэпсэуным социальнэ къэщIыгъэ зэхуэмыдэхэр къешэ. Абы ящыщщ зэныкъуэкъуныгъэхэри. Мы тхыгъэм дэ щыдгъэнэхуэну ди мурадщ адыгэ IуэрыIуатэм и персонажхэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэныкъуэкъуныгъэхэр зэрызэфIах щIыкIэхэр. Пэжщ, ди IуэрыIуатэм куэдрэ къыщокIуэ "нарт напэ", "адыгэ напэ" жаIэрэ лIыхъужьхэр абыхэм иригъуазэу. Ауэ мы пщалъэхэм имызагъэ нэгъуэщI зы хабзи щызокIуэ IуэрыIуатэм: зэныкъуэкъухэм зыр зым нахуэу, зэIухауэ зэрытемыкIуэнур къызэрыгурыIуэу, хъуагъэщагъэмрэ гъэпцIагъэмрэ хуокIуэ. Жанр нэхъ тIорысэм – мифым – къыщыщIэддзэмэ, зи гугъу тщIа хэкIыпIэр къалъыхъуэ иныжьхэм. Мыбыхэмрэ нартхэмрэ зы защI Сосрыкъуэ щыпэщIэувэм
Адыгэ хабзэмрэ зэныкъуэкъуныгъэхэр зэрызэфIах щIыкIэхэмрэ
Адыгэ Хабзэмрэ зэныкъуэкъуныгъэхэр зэрызэфIах щIыкIэхэмрэ
(IуэрыIуатэм ипкъ иткIэ)

ЦIыхур зыхэт жылагъуэ псэукIэр къызэзыгъэпэщыр гуп зэхэтыкIэмрэ цIыху щхьэхуэхэм я зэхущытыкIэхэмрэщ. Зэхыхьэ-зэхэкIыу зэдэпсэуным социальнэ къэщIыгъэ зэхуэмыдэхэр къешэ. Абы ящыщщ зэныкъуэкъуныгъэхэри. Мы тхыгъэм дэ щыдгъэнэхуэну ди мурадщ адыгэ IуэрыIуатэм и персонажхэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэныкъуэкъуныгъэхэр зэрызэфIах щIыкIэхэр.

Пэжщ, ди IуэрыIуатэм куэдрэ къыщокIуэ "нарт напэ", "адыгэ напэ" жаIэрэ лIыхъужьхэр абыхэм иригъуазэу. Ауэ мы пщалъэхэм имызагъэ нэгъуэщI зы хабзи щызокIуэ IуэрыIуатэм: зэныкъуэкъухэм зыр зым нахуэу, зэIухауэ зэрытемыкIуэнур къызэрыгурыIуэу, хъуагъэщагъэмрэ гъэпцIагъэмрэ хуокIуэ.

Жанр нэхъ тIорысэм – мифым – къыщыщIэддзэмэ, зи гугъу тщIа хэкIыпIэр къалъыхъуэ иныжьхэм. Мыбыхэмрэ нартхэмрэ зы защI Сосрыкъуэ щыпэщIэувэм деж: "Ауэ къеуэ-неуэ наIуэкIэ, хэтIэ-хэсэ къабзэкIэ, джатэрыуэ лъэщкIэ Сосрыкъуэ нартхэми иныжьхэми яхуэукIынутэкъыми, нарт хэкум уду исыр зэхуашэсри Сосрыкъуэ и укIыкIэ хъунум Iэмалу къыхуагъуэт…" [1; II; 278]. НэгъуэщI зы хъыбар ипкъ иткIэ, иныжьхэращ къэзыгупсысыр Сосрыкъуэ и тIасхъапIэр зэхагъэкIыну [2; 72].

Зи гугъу тщIы мотивхэм нэхъри зыщаужь нарт эпосым и кIуэцIкIэ. ГъэщIэгъуэнращи, лIыхъужьыр мыпхуэдэ Iэмал хуэкIуэныр ар зыгъэикIэ, зыгъэпуд Iуэхугъуэу щыткъым, атIэ абыкIэ абы и щхьэр лъагэу елъагъуж: "Нартхэр хъорышэрыгъэти, хъогъэшагъэмэ екIужьы!" [3; II; 87]. Сосрыкъуэ, псалъэм папщIэ, Хабзэм тет Тотрэш щIонакIэ. Япэ зэжьэхэуэгъуэм езым и лъэIукIэ абы пIалъэ кърет, етIуанэу щызэхуэзэм езым Тотрэш пIалъэ иритын имыдэ къудейкъым, атIэ апхуэдэ гупсысэр фIэхьэдэгъуэдахэщ: "Шъао делэр укIод!" – жи абы [1; II; 117].

Хъыбар зыбжанэм къызэрыхэщымкIэ, лIыхъужьхэр хъуагъэщагъэм зэрыхуекIуэм щхьэкIэ Тхьэхэм я щIыб къыхуагъазэкъым, атIэ икIи къахъумэ, икIи къадоIэпыкъу: "Саусэрыкъо хъорщэрыгъэ ыгу къихьагъ. Тхьам елъэIумэ, зэфелъэIурэр къыдэхъунэу, къыфишIэну щытыгъ" [1; IV; 202]. Иджыри зы щапхъэ: "Хэчэ-хэсэ зызэдешIэхэм, Тхьар къыдеIагъэ къычIэкIын, иныжьыр ыкопкъышъхъэ нэсэу чIым хиIугъ" [1; VII; I59].

Зэрынэрылъагъущи, Сосрыкъуэ и бийхэм зэратемыкIуэнур къызэрищIэу хьилагъэм хуокIуэ. Текстхэм къыхэщ логикэм тепщIыхьмэ, мыр Iэмалыншэу лIыхъужьыр зыхуэкIуэ Iуэхугъуэщ икIи мыбы емыкIу хэлъу щыткъым: "Саусырыкъо кIуачIэджэ Чэлэхъсэтым текIошъунэу щытыгъэп. Арыти хъоршэрыгъэм еуагъ. ЗигъалIи гъогум тегъолъхьагъ" [1; IV; 207].

Нартхэм я бзаджагъэр зэрагъэхъулIэн щхьэкIэ куэдрэ зыхуагъазэ тхьэгурымагъуэ Уэрсэрыжь [2; 73]. Апхуэдэу къагъэсэбэп удхэри: "Зы фызыжь уд гуэр, щхъухьпсыхьыщIэу, дэтхэнэ зы сурэтми ихьэфу щыIэти, елъэIуащ Сосрыкъуэ и гъэкIуэдыкIэ хъунур къахуищIэну" [2; 73]. Языныкъуэ хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, удхэр пщIэкIэт нартхэм къазэрыхуэлажьэр: "…яригъэукIмэ, былымкIэ жиIэр хуащIэну" [1; II; 24I].

Зи лъэужь дрикIуэ мотивым Сосрыкъуэ и циклым зэрызиужьа щIыкIэм утепсэлъыхьмэ, ар хуокIуэ персонажым и образ пкъыгъуэу япэ къыхэлъхьэным, къэгупсысыным, къегъэжьэным (культурный герой). Апхуэдэу, Сосрыкъуэ къигупсысауэ къокIуэ "пшызэ зыкъэ" джэгукIэр. Мыбыи хьилъагъэу хэлъыр мырат: ябжурэ "тIощIыр" зытехуэр яукIыурати, ар сыт щыгъуи бийм ящыщ зым тебгъэхуэфын хуейт. Мыпхуэдэ щIыкIэкIэ Сосрыкъуэ шу гуп псо зэтреукIэ [3; III; 171].

АдэкIэ къыхэдгъэбелджылыкI мотивхэр "щолажьэ" убгъуауэ Бэдынокъуэ и циклым. Мыбы и цIэм къыдэкIуэрейщ нартхэр къытеплъэ зэрымыхъур къызыхэщ эпитет "хьэгъуэфыгъуэ бэщIыр" [2; 92]. Хъыбархэм наIуэу къыхощ нартхэм мы лIыхъужьым хуамурадыр: "…мыр лIыгъэкIэ тхуэгъэкIуэдынкъым, ауэ Iэмалрэ хьилэрэ къэдгупсысу абыкIэ дыпэмылъэщмэ" [1; III; 171].

Иджыри щапхъэ: "…щIэхыу мэрэмэжьейр къивгъахъуи блащхъуэжьейр хэвутIыпщхьэ, ар нобэ тIэщIэмыкIуадэм нартхэр дыкIуэдагъэххэщ" [3; II; 152].

Зи гугъу тщIы гупсысэ лъагъуэм ирокIуэ нартхэмрэ Батэрэзрэ я зэхуаку къыдэхъуэ зэныкъуэкъуныгъэри. ЛIыхъужьым нахуэу зэрытемыкIуэнур къащIа нэужь нартхэр хьилагъэм хуокIуэ: "ЗэрэдгъэкIодытыми шъуегупшыса!" Нартхэм Батэрэз и анэм гъунэгъу зыхуащIу лIыхъужьым и тIасхъапIэр къащIэну яужь итщ.

Езы Батэрэз и IуэхущIафэхэм дыхэплъэмэ, езым нэхърэ нэхъ лIыгъэ, къару зыбгъэдэлъхэм хъуагъэщагъэ якIэлъызырихьэну яужь йохьэ: зэм Марыкъуэ гъэпцIагъэкIэ хегъащIэ [1; IV; 150-151], зэми и гъусэр дэIэпыкъуэгъу ещIри тIум зыр хагъащIэ [1; VII; 32].

Нарт эпосым ипкъ иткIэ адрей лIыхъужьхэм я кIуэдыкIэм дриплъэмэ, мы Iуэху еплъыкIэ-зехьэкIэ дыдэхэр хыдолъагъуэ: "…лIы хыер гъэпсIагъэджэ аукIыгъэу ары рапэсырэр" [1; III; 4] (Тотрэшщ зи гугъу ящIыр – ЦI. А.).

"Орзэмэдж аукIынджэ щэщынэхэти, тхьэгъэпцIыгъэджэ агъэкIодынэу агу къихьагъ" [1; IV; 29].

"Нартыжьхэм занщIу зырадзу Хъымыщыр яукIынкIэ шынэрт… Iэмалрэ хьилэкIэ щаукIыну гъуэтыгъуэм зырагъэхуэну я мурадт [1; II; 41].

"ДымыгъалIэмэ, нэгъуэщI Iэмал иIэкъым, IэщэкIэ тхуэукIынукъым", – жаIэри, щхъухькIэ Бадын ягъэлIэну а нарт гупыр зэгурыIуащ" [1; V; 119].

"ХьилэкIэ мыхъумэ, лIыгъэкIэ зырикI тхуещIэну къыщIэкIынкъым мыбы (Къанж и къуэ Щауей – ЦI. А.) [4; II; 231].

Зэрынэрылъагъущи, нарт эпосымрэ мифымрэ къриубыдэу зэныкъуэкъуныгъэм зы хупхъэм иту зеужь: лIыхъужьхэр я бийм зэрытемыкIуэнур къызэращIэу хьилагъэ-бзаджагъэм хуокIуэ. Мы Iэмал-хэкIыпIэри лIыхъужь нэсым и дуней тетыкIэм кърагъэзэгъ, куэдрэ IуэрыIуатэм зи гугъу ищI цIыхугъэми, цIыхухъу, зауэлI напэми кърагъэкIу.

Зи яужь дит теплъэгъуэр икIэм нэсу сэтей къэщIа, зэпкъырыха хъун щхьэкIэ Iэмал имыIэу дыхэплъэн хуейщ ныбжькIэ нарт эпосым къыкIэлъыкIуэ жанрым – хъыбарыжьхэм. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбы и сюжетхэмрэ образхэмрэ я къэгъэщIыкIэр, пкъыгъуэхэр куэду щызэфIэуващ ипэ ита жанрхэм. Япэ зидгъэщу жытIэнщи, хъыбарыжь жанрми лъэпкъым лIыгъэмрэ лIыхъужьымрэ тригъэпсыхьа гупсысэмрэ IуэрыIуатэм и персонажхэм я дуней тетыкIэ-IуэхущIафэхэмрэ жыжьэу щызэтемыхуэр нэхъыбэщ. Щапхъэ зыбжанэ:

– Андемыркъан и бий бэлэрыгъам и щIыбкIэ тоуэ [4; II; 264].

– Хьэжэбэжащэ щхьэусыгъуэ ещIри я быдзышэ зэрызэхэтми йобакъуэри Къаниболэт Андемыркъан укIыпIэм ирешэ [4; II; 235].

– КъуийцIыкIуокъуэм и бийм и къуэш нэхъыщIэ лажьэ зимыIэр фIегъэж [4; II; 284].

– КIэфыщхэ я бийм и анэр гъуэгум къыщаубыдри и нэкIур ирабзэ [5; 205].

– ЕщIэнокъуэ зэшхэр илъэсым зэ фIэкIа ефэхэтэкъым. Ар я бийхэм къагъэсэбэпри гуузу яукI [4; II; 171].

– Жулат и деж тхьэ зэхуаIуэу шабзэшэ зэрызыпащIыкIыжам йобакъуэри ХьэтIохъущокъуэ Шужьей егъэжейри еукI [6; 117].

Хъыбарыжьхэм щыщ мыпхуэдэ щапхъэ куэд иджыри щыIэхэщ, ауэ дэ тегъэщIапIэ диIэу жытIэ хъунущ: мы жанрми зи гугъу тщIы зэныкъуэкъуныгъэм и хэкIыпIэу мифымрэ эпосымрэ щызэфIэувар щызокIуэ. Персонажым мыпхуэдэ хэкIыпIэ къилъыхъуэныр мытаурыхъ прозэм и сюжетхэмрэ образхэмрэ я зы пкъыгъуэщ архетип хъуауэ. Мыр къызыхэкIым и щхьэусыгъуэр щIэныгъэлIхэм хуахь положительнэ персонажым и шыфэлIыфэмрэ лъэпкъ Хабзэмрэ зэрызэтемыхуэм. ЩIэныгъэлIхэм гу лъыдагъатэ: IуэрыIуатэр зезыхьэхэмрэ абы едаIуэхэмрэ я деж зы Хабзэ "щолажьэ", щызокIуэ – лIыхъужьыр текIуаращ. Ар зытекIуар езым нэхърэ нэхъ лъэщмэ, зэрытекIуа щIыкIэр ищхьэкъым. Бзаджагъэмрэ хьилагъэмрэ къарууншэм къарууфIэм пигъэтIылъыныр IуэрыIуатэр зезыхьэхэмрэ едаIуэхэмрэ дежкIэ тэмэмщ [7; 100-101].

Зэныкъуэкъуныгъэр зи зэхуаку дэлъ зэбийхэр зэкIужыныр зи гугъу тщIы мотивхэр зыхуэкIуэ щытыкIэщ. ЗэрызэкIуж Iэмалхэм щыщу псом япэ къиIуапхъэр быдзышэ "зэдефэнрэ" тхьэ зыхуэIуэнрэщ. "КIэфыщ и къуитIыр ЕщIэнокъуитIым я анэм и быдзым щIагъэфащ, армыхъумэ тыншу зэгурыIуэнутэкъым" [4; II; 154]. Дэтхэнэ лъэпкъми быдзышэ узэдефэныр лъыкIэ благъэу укъыздэгъуэгурыкIуэным пещI. Пасэрейм цIыхухэр зэтезубыдэр псом япэ Iыхьлагъ-благъагъкIэ зэрызэпхарт. ГъащIэм зиужьурэ щымыIа социальнэ зэхущытыкIэхэр къэунэхуу щIидзащ. А щIэуэ зыхыхьа зэхущытыкIэхэм мамырыгъэм къыхуезыджэ хэкIыпIэу къэунэхуащ быдзышэ зэдефэныр. "ЩIэуэ къэунэху социальнэ зэпыщIэныгъэхэм цIыхур зэрыбгъэдыхьэр зэса пщалъэхэмкIэщ. Аращ щIытраухуэр быдзышэ зэдефахэр зы анэ и ныбэ къикIахэм пащIу", – етх А.М. Хазановым [8; 107].

ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, цIыхухэмрэ гупхэмрэ я зэхуаку къыдэхъуэ зэныкъуэкъуныгъэхэр зэтес иращIыжу IуэрыIуатэм къыщокIуэ тхьэ зэхуэIуэныр. Текстхэм тепщIыхьмэ, тхьэрыIуэхэм лъабжьитI яIэщ: зыр мажусий дуней еплъыкIэм къыхэкIыу псалъэм мэгъу мыхьэнэ иIэу щалъытэрт, адрейр ислъам диным къыдэкIуэу Алыхьым, КъурIэнымкIэ. тхьэ пIуэнырщ. Къэтхьыну щапхъэм ипкъ иткIэ зы зэман мы IуэхугъуитIри зэдэлэжьащ: "Хьэмелыр къищтэри и анэм и пащхьэ иту щыми тхьэ зэхуаIуащ… Жанкъет фызыжьым и быдзым зыщIидзэри щIэфащ [4; II; 179]. Нэхъ иужьыIуэкIэ быдзышэ зэдефэныр зыханри фIыцIагъэ лъапIэмкIэ тхьэ зэхуаIуэ: "Хьэмел къыдахри зэхуаIуэ "Дунейм дэ дытетыху зы ныбэм къикIа зэкъуэшым хуэдэу дытетынщ" [4; II; 160].

Зэбийхэр зэмызауэу икIуэтыжыну гъуэтыгъуэ къаритт зэныкъуэкъуныгъэм цIыхубз щыхыхьэм деж: "ЛIитIым я кум зыкъыдидзэри зэрыукIыну Iэмал яримыт хъуащ. Ауэ щыхъум: "ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ" жиIэри Дэгужьейм и Iэщэр ирилъхьэжащ [4; II; 121].

Зэныкъуэкъу-зэбийхэм я зэхуаку лъыгъажэ къыдэмыхъуэным телэжьащ адыгэ лIы Iущ, узэщIакIуэ Къэзэнокъуэ Жэбагъы. Адыгэ IуэрыIуатэм абы ирепх Iуэхугъуэ зыбжанэ япэу къыхилъхьауэ:

– лъыщIэжыр лъы уасэкIэ зэхъуэкIыныр;

– пщыхэм я зэхуаку дэлъ лъыщIэжыр щыгъэтын, яукIам и къуэр зыукIам зришалIэрэ балигъ хъуху ипIмэ;

– лIым хуэмыпэжа фызыр ямыукIыу ирагъэкIыжыныр;

– щхьэм и пIэкIэ пыIэр къэхьыныр [9; 149].

АдэкIэ зэныкъуэкъуныгъэхэр IуэрыIуатэм и персонажхэм зэрызэфIахым дыхэплъэмэ, текстхэм къыхэщ Iуэхугъуэхэр кIуэ пэтми гъащIэм нэхъ пэгъунэгъу зэрыхъур болъагъу. IуэрыIуатэм къэщIыгъэщIэ щызэтоувэ: абы и утыкум къохьэхэр щхьэзакъуэ гупсысэкIэ Iуэхур зезыхьэ персонажхэр. Иджыри къыздэсым персонажым и гупсысэмрэ и Iуэху зехьэкIэмрэ ипэ ита лIэужьхэм Хабзэу ягъэувахэм ипкъ иту къэгъуэгурыкIуамэ, иджы, зэрыжытIащи, езым и гупсысэкIэ сыт хуэдэ Iуэхури зрегъэзахуэ. Мыр IуэрыIуатэм и лъэбакъуэшхуэщ: гъащIэр езы гъащIэм и теплъэгъуэхэм ещхьу ухуэныр, образым и пкъыгъуэхэр зэщхь архетипу щымыту щхьэж и хьэл-щэныр къэгъэлъэгъоныр. Мыр IуэрыIуатэм и кIуэцIкIэ личностыр (индивидыр) зэрызэфIэувам и нэщэнэщ.

"Тхьэмахуэ псокIэ егупсысащ а Iуэхум. ИкIэм-икIэжым, и шухэм апхуэдэ зауэр зэрафIэмыфIыр щилъагъум, унафэ ищIащ ХьэтIохъущокъуэ Мысост темыуэну" [10; 75].

"Бэлэтокъуэр зы тэлайкIэ къегупщыс-негупщысри къыгурыIуэжа езыр япэу зэрекъуэнчэкIауэ щытар икIи Багъыр зэрымылIыгъэншэр. "Абы щыгъуэм сэра уэкъуэншэкIари къысхуэгъэгъу", – жиIэри и шыр къиIуантIэри ежьэжа" [II; 95].

Мы щапхъэхэм гу лъыумытэнкIэ Iэмал имыIэу зы Iуэхугъуэ яхэлъщ: персонажхэр кIуэ пэтми зэрыгъуазэр гъащIэм Хабзэ щыхъуа, IуэрыIуатэм архетипу щызэфIэува Iуэху зехьэкIэ-еплъыкIэракъым, атIэ езым я щхьэзакъуэ гупсысэщ. Мыр, зэрыжытIащи, IуэрыIуатэр гъащIэм и пэжым гъунэгъу хуэзыщI лъэбакъуэшхуэщ.

Литература:
1. Нартхэр. Адыгэ эпос. Томиблу зэхэт. Майкоп. Т.I – 1968; Т. II – 1969; Т. III – V – 1970; Т. VI – VII – 1971.
2. Нарты. Адыгский героический эпос. М., 1974.3. Народные песни и инструментальные наигрыши адыгов. В 3-х Т. М., Т.I – 1980; Т. II – 1981; Т. III. Ч. I – 1986; Т. III. Ч. II – 1990.
4. Адыгэ IуэрыIуатэхэр. ТомитIу зэхэтщ. Налшык. Т. I – 1963; Т. II – 1969.
5. Фольклор адыгов в записях и публикациях XIX – начала XX вв. Нальчик, 1988. Кн.2.
6. Ногмов Ш.Б. История адыхейского народа, составленная по преданиям кабардинцев. Нальчик, 1982.
7. Пропп В.Я. Об историзме фольклора и методах его изучения // Пропп В.Я. Фольклор и действительность. Избранные статьи. М., 1976. С. 116-131.
8. Хазанов А.М. Социальная история скифов. М., 1975.
9. Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. Налшык, 2001 гъ.
10. Къэзэнокъуэ Жэбагъы. Налшык, 1984 гъ.
11. Адыгэ хъыбархэр. Черкесск, 1986.

ЦыпIынэ Аслъэн.
Ctrl
Enter
Заметили ошЫбку
Выделите текст и нажмите Ctrl+Enter
Обсудить (0)