Адыги - Новости Адыгеи, история, культура и традиции » Статьи » Культура » ЗекIуэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIухуэщIэ хабзэхэмрэ

ЗекIуэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIухуэщIэ хабзэхэмрэ

ЗекIуэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIухуэщIэ хабзэхэмрэ
Культура
admin
Фото: Адыги.RU
15:34, 20 февраль 2019
1 662
0
ЗекIуэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIухущIэ Хабзэмрэ Шыр ижь лъандэрэ адыгэм къыдогъуэгурыкIуэ. Адыгэм шым пщIэрэ гулъытэу хуищIар нэрылъагъу тщещI абы ехьэлIа лъэпкъ щIэныгъэу ди деж къэсам. Шы хуэIухуэщIэ зэхуэмыдэ куэд ущрохьэлIэ адыгэ IуэрыIуатэм. Абы и дэтхэнэ зы лъэпкъыгъуэри къапщтэмэ, я нэхъ мащIэу шым и фIагъым, и Iущагъым теухуауэ зыгуэр жызымыIэ къыхэкIынкъым. Адыгэмрэ шымрэ зэIэпэгъуу къекIуэкIащ. Гущэм хэлъ къуэрылъху щIалэ цIыкIур щыщIиупскIэкIэ, нанэм зэчыр макъамэкIэ игъэдахэурэ къиIущэщ гущэкъу уэрэдым хилъхьэр ар шууей зэкIэлъыкIуэ зэрыхъунурат: Жей, си псэ, жей, си щIалэ, Жей, си щIалэ нэху, Нэхущыр уи щыпэежьэщ, Гъуэгу жыжьэхэр зыпэплъэ, Си шу хъыжьэ ябгэ, Уи псэ закъуэр мастэпэбдзи, Пхъуантэдэлъу пхузохъумэри, Тхьэм уэ цIыкIур укъихъуми [1]. Куэд къызэщIеубыдэ "сыт и шыфэлIыфэ абы?" псэлъафэми. "Адыгэшрэ адыгэлIрэ"
ЗекIуэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIухуэщIэ хабзэхэмрэ
ЗекIуэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIухущIэ Хабзэмрэ

Шыр ижь лъандэрэ адыгэм къыдогъуэгурыкIуэ. Адыгэм шым пщIэрэ гулъытэу хуищIар нэрылъагъу тщещI абы ехьэлIа лъэпкъ щIэныгъэу ди деж къэсам. Шы хуэIухуэщIэ зэхуэмыдэ куэд ущрохьэлIэ адыгэ IуэрыIуатэм. Абы и дэтхэнэ зы лъэпкъыгъуэри къапщтэмэ, я нэхъ мащIэу шым и фIагъым, и Iущагъым теухуауэ зыгуэр жызымыIэ къыхэкIынкъым. Адыгэмрэ шымрэ зэIэпэгъуу къекIуэкIащ. Гущэм хэлъ къуэрылъху щIалэ цIыкIур щыщIиупскIэкIэ, нанэм зэчыр макъамэкIэ игъэдахэурэ къиIущэщ гущэкъу уэрэдым хилъхьэр ар шууей зэкIэлъыкIуэ зэрыхъунурат:

Жей, си псэ, жей, си щIалэ,
Жей, си щIалэ нэху,
Нэхущыр уи щыпэежьэщ,
Гъуэгу жыжьэхэр зыпэплъэ,
Си шу хъыжьэ ябгэ,
Уи псэ закъуэр мастэпэбдзи,
Пхъуантэдэлъу пхузохъумэри,
Тхьэм уэ цIыкIур укъихъуми [1].

Куэд къызэщIеубыдэ "сыт и шыфэлIыфэ абы?" псэлъафэми. "Адыгэшрэ адыгэлIрэ" жеIэ нэгъуэщI зы псалъэжьи. АйтIур зэхуэмыщхьэпэмэ, лIыгъэр дэнэ къикIын, лIыгъэщIапIэри дэнэ къипхын? Илъэсищэм нэблагъэкIэ псэуа Унэж Хьэбибэ щIэупщIэгъат: "ЛIыр и нэпс щымыукIытэу щигъэлъагъуэр пщIэрэ?" – жери. И жэуапри хьэзырт: "Щэ къудейт зэрыплъэгъунур ар: и анэр лIауэ къаIэту дахын ипэ къихуэу, и щауэгъу щIалэ къепцIыжамэ, шыр фIэкIуэдауэ игъуэтыжынкIэ и гугъэр кIуэдамэ". Абы адэкIэ къыпищат: "ЛIым гуфIэгъуэ нэпси иIэщ, ар щигъэлъагъуэр пщIэрэ? ГуфIэгъуэм къыхэкIыу зы фочышэ иригъэкIынт къуэ къызэрыхуалъхуам щхьэкIэ, адрейуэ, иш и пщэ зришэкIынт, шыщIэ зэригъуэтам папщIэ" [2]. ГъэщIэгъуэнращи, адыгэм цIыхухъу нэпсрэ шы нэпсрэ зэхуегъадэ, нэхъ гуащIэр хузэхэгъэкIакъым [3]. Адыгэ дадэт "АдыгэлIыр дэнэ щыIэ?" – жаIэу щеупщIым, – "Адыгэшыр здэщыIэм щыIэщ", – жиIэу жэуап зытыжар. "Адыгэшыр дэнэ щыIэ?" щыжаIэм, – "АдыгэлIыр здэщыIэм щыIэщ", – жиIэгъат [4]. Узун-Яйлэщ щыттхыжар мы хъыбарри:

"Шыгъэлыгъуэ Хьэжы-АйдаркIэ еджэу мы хэкум лIы бэлыхь, "адыгэлIщ" хужаIэу зыгуэрэ исащ. Езыр бжьыфIэу, фафIэу, лIышхуэу. И гъащIэр шыбгым ису ихьат. И шыри езым хуэдэу шышхуэт, бэлыхь гуэрэт. Игъуэр къэсри дунейм щехыжым а жэщым и шыри лIауэ нэху къекIащ. Жэнэзым къекIуэлIа лIыжьхэм ящыщ зы абы хуабжьу иринэщхъейуэ щысти, хагъэзыхьащ, жи:

– ЛIо, хьэжы, хъуар, псори дызэрылIэжынур пщIэжыркъэ, сыт апхуэдизу ущIэнэщхъейр? – жари.

– Уэлэи, дызэрылIэжынури сощIэжым икIи сщымыгъупща, сигу къеуэр нэгъуэщIым, – жиIащ, жи.

Щыхагъэзым ар жиIащ жаIэ:

– Сигу къеуэр лIышхуэхэр шышхуэхэм шэсу къамыгъэзэжыну зэрытхэкIыжаращ, – жери" [5].

Апхуэдэ гъэсэтхыдэ гъэщIэгъуэн куэд ущрохьэлIэ лъэпкъ IуэрыIуатэм. Ахэр псори щIэныгъэ ирокъу, лъэхъэнэ кIыхьхэм кърикIуа ди лъэпкъ и лIэужь дэтхэнэри ипэ къэкIуэнухэм, щIэблэм зэрыдэгуэша акъылрэ гупсысэщ.

Ди псалъэмакъыр зытеухуар адыгэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIуэхуэщIэ хабзэхэмрэщ: айтIур зэрызэхэщIыхьарщ, зэрызэпэджэжырщ, зэрызэдызекIуэрщ. Сыт хуэдэ Iуэхуми и пежьэр хъуэхъущ. ЦIыхур дунейм къытехьэу и гъащIэ гъуэгуанэр иухыхункIэ абы и зэхуаку дэлъ дунейм и дэтхэнэ IэнатIэри хъуэхъукIэ яублэ, хъуэхъукIэ ягъэтIылъыж. Шы хуэIухуэщIэ хабзэхэми хъуэхъу теIуащ. Хъуэхъу лIэужьыгъуэу зэпкърытплъыхьынур зекIуэ хъуэхъухэращ. Сыт къедгъэубыдыр а фIэщыгъэцIэм?

ИжькIэ шыр зыхуаIыгъри, зыхуагъасэри зекIуэщ. Шым фэрэ фIагъыу бгъэдэлъыр къэзылъытэу щытар жылагъуэрщ. Жылэм и напэр къыдэзых-къуэзылъхьэж хъугъэщIагъэ куэдым щыщт шым къызэкъуихыну зэфIэкIри. Арагъэнт сабий къалъхуам иращIэкI дауэдапщэхэм хуэдэхэр, е еплъыт хъунухэр, шыми щIращIэкIри. Шыми зы дуней къытехьэгъуэ иIэщ, апхуэдэ дыдэу зы дуней текIыжыкIи иIэщ. Сабий хуэIухуэщIэхэм шым ейр къызэрыщхьэщыкIыр аращи, мыбы зэрагъэунэху хабзэ куэди хэлъщ. Ар зыхуэунэтIар зекIуэш къэгъэхъунрат. Шым и щыпэдэш-щыпэшэс хуэIухуэщIэхэм щегъэжьауэ зекIуэ гъуэгу теувэхункIэ дауэдапщэу ещIэкIам хъуэхъуу теIуаращ дэри зекIуэ хъуэхъукIэ дызэджэр.

Адыгэ дыжьыныгъуэ уэркъхэр хуабжьу ерыщу пылъащ зекIуэш къэгъэхъуным. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми шым къыхагъэща хьэл-щэныр я шы лъэпкъ нэщэнэу ягъэувыжурэ нобэ дызыщыгъуазэ шы лъэпкъыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр дунейм къытехьэгъауэ щытащ: щолэхъу, трамэ, къундет, жырыщты, есэней, абыкъу, бечкъан, бэлэтокъуэ, хьэгъундокъуэ, чэрэчанэ, н.къ. Шым халъхьэфа, къызыкъурагъэха фIагъ псори хэIущIыIу щыхъум, зи цIэ къитIуа шы лъэпкъыгъуэхэр дунейм къызэрыщацIыхуар, зэрыхэIуар адыгэшущ. Адыгэшым и пщIэр адыгэм зэриIыгъа щIэныгъэр къуэпсыбэщ, лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ. Абыхэм ящыщу зы Iуэхугъуэщ дэ зи щхьэ диIэбэнури.

ШыщIэр дунейм къыщытехьа махуэм и япэ жэщым ягъэпскIырт, зэрагъэпскIри нэху зытемыщхьа псыкIэт. И фIалъиплIым деж щрагъажьэрти, шыпщэ щIагъымкIэ къакIуэу, шы нэпкъым къыдекIуэкIрэ шы сокум къехыжу, абы адэкIэ шы тхыцIэмрэ ныбэмрэ псыкIэ зэщIагъыхьэрт. Псыр къебгъэжэхыныр ягъэдахэртэкъым; хъыдан щабэр яупсыфырти, абыкIэ телъэщIыхьыурэ ягъэпскIырт. ШыкIэр ятхьэщIыртэкъым. ШыщIэр зейр хъуахъуэрт:

Ялыхь, зи гуащIэр ин!
Мы къытхэхъуа псэущхьэр
Унагъуэми, лъэпкъми угъурлы тхуэщI,
И лъэр жанрэ быдэу,
И гъуэгур кIыхьрэ бгъуэуэ,
ЛIыуэ шэсынумкIэ махуэу,
Гъуэгуу икIунумкIэ нахуэу,
И шыпэр здэгъэзам хъерыр щыбэу,
Батэр игъэшу,
"Зышрэ зы шууейкIэ къамыланджэхэщ!" къыхужаIэу,
Зэхуэщхьэпэу,
ЗэрымыгъэкIуэду
Я дуней Iыхьэр егъэхь! [6]

Нэхъыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, шыпэм мэкъушыхь щабэкIэ теIуэтыхьу щытащ, и шхыпэ къытехьэлъэнкъым, жаIэрти.

Шыр къыщыхъуа жэщым унагъуэм тхьэлъэIу щащIырт. ШыщIэ къалъхуам и цIэкIэ унагъуэ кIуэцIым щаIэт тхьэлъэIуитIым языхэзщ ар. Адыгэр зэтауэ щыта мэкъумэш, Iэщ гъэхъун хуэIухуэщIэхэм теIуа дауэдапщэхэр зэраублэу щыта унагъуэ тхьэлъэIухэм къызэрыщхьэщыкI щыIэкъым мыри. Ауэ къыхэгъэщын хуейуэ Iуэхугъуэ зытIущ хэлъщи, абыхэм даблэкIынкъым.

ШыщIэр зыхуагъэфащэ щауэщIэ унагъуэм исмэ, абы япэрапщIэу зрагъэгъэпскIырт, Iэдакъэбжьэ хуэдиз хъун башым къешэкIа хъыданым жьэгу мафIэм и кIэгъуасэм щыщ и IэкIэ абы щрагъэцIэлъырти, иужькIэ ар шы натIэмрэ шы тхыцIэмрэ щрагъэхуэжырт. Абы зэреджэр, дэ зэрызэхэтхамкIэ, нэтемыгъахуэ тхыгъэщ [7]. НэгъуэщI фIэщыгъэцIэхэри зэрыщыIэм шэч хэлъкъым. Нэтемыгъахуэр шыщIэм щытращIэр дунейм къызэрытехьэрэ махуий ирикъуа нэужькIэщ. Унагъуэм исхэм фIэкIа хамэ кърихьэлIэкъым абы. Шы гъэхъуныр IэщIагъэ зыхуэхъуа лъэпкъхэм унейуэ, щхьэжу зэрахьэу щытащ апхуэдэ нэтемыгъахуэ тхыгъэхэр. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыщ Щоджэнхэ я лъэпкъым шыщIэм тращIэу щыта нэтемыгъахуэ тхыгъэм и теплъэм къытекIауэ "хьэгъэджэгу бжыхь" фIэщыгъэцIэр иIэу щытащ [8]. Сыт хуэдэ итхъэкIэ-щыхуэкIэ иIэт абы – иджыкIэ тхузэхэгъэкIакъым.

Щапхъэ къэтхьар дыхуейт нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ етпхыну. Сабий дунейм къытехьар гущэм хапхэху нэ лей трагъаплъэртэкъым. Гущэхэпхэ щащI махуэми гъунэгъу фызыжь зыплIытхут кърагъэблагъэр. Гущэхэпхэм зрагъэIэтыщэртэкъым. ГущапIэ зыхуащIа сабийр хъыдан жэрумэм кIуэцIалъхьэн ипэ къихуэу гущэхэпхэ тын жаIэрти, хэти дзыгъуэ джанэ, хэти гущэ щхьэнтэтелъ, хэти гущэгурыгъ кърахьэлIэрт. Абы иужькIэ хъыдан жэрумэм сабийр кIуэцIалъхьэрти, гущэм хапхэрт. "Фэм и щабэр мэхъуэшщ, махуэ еянэм хокI", – жаIэрти, а гущэхэпхэ махуэрат нэтемыгъахуэр сабийм тепщIэ хъуну къыщалъытэр. Щабэ дыдэу, сакъыурэ натIэкум хуэзэу кIэгъуасэр щахуэрт. ГъэщIэгъуэнракъэ, тещIэкIэхэр зэтехуэркъым. Хэти Iэпхъуамбэшхуэм и щабэр щхьэкум хуэгъэзауэ кIэгъуасапIэр хуэкIыхь-хуэкIыхьу трещIэ, хэти, а Iэпхъуамбэшхуэ дыдэр натIэкум хуегъазэри кIэIунэ теплъэ иIэу трещIэ, хэти зыгъэлъагъуэ IэпхъуамбэмкIэ кIэIуантIэу трещIэ, хэти Iэпхъуамбэ жьакIэмкIэ къыхэщ къудейуэ хъуреишхуэ трещIэ. Уегупсыс хъунут щхьэж зэрыхуэIэижьым хуэдэущ нэтемыгъахуэр зэрытрищIэр жыпIэу. АрщхьэкIэ ныуэжьхэм жаIэу зэхэпхынут: "нанэ мыгъуэр лъаIуэу щытащ си лъабзэрэ нэтемыгъахуэр фымыгъэкIуэд, кхъыIэ, абы фыкIэлъыплъ" жаIэу. Мыбдеж къыщыхъури, шыщIэм тращIэ тхыгъэри зы гупсысэм и Iэужьу къэплъытэ хъуну тфIощI. Абы иджыри къокI лъэпкъ щэн яхуэхъужауэ куэдым нэтемыгъахуэ тхыпхъэхэр щхьэжу яIэу зэрыщытар.

Нэтемыгъахуэр тращIэу унагъуэр жьэгум къекIуэлIэжа нэужьщ абы и щIыхькIэ Iэнэ щагъэувыр. Жьэгум и пащхьэ унагъуэм и нэхъыжьым и гупэр егъазэ, тхьэлъэIу шхыну ягъэхьэзыра ху мэжаджэм щыщ бзыгъэ Iэ ижькIэ къещтэри мэхъуахъуэ. Абы зэреджэр шым и нэтемыгъахуэ хъуэхъущ:

Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ,
Куэдыр зи гуащIэ,
Псэущхьэ зи щхьэ дгъэлъапIэр
Къэгъэхъу щолэхъуу,
И щхьэр игъэкIыу,
И кIэр игъэпщу,
И лъэр псынщIэу,
КIуэрыкIуэныфIу,
И жэр хэмыщIу,
ЩыщIагъ имыIэу,
Къомыгъапщэ нэ жагъуэ,
ХуэщI пэIэщIэ нэ бзаджэм,
И махуэр хуэщIэрэ,
И дунейр щIэщыгъуэ зэпыту,
ФIыуэ траIуэр къехъулIэу щыгъыIэ! [9]

Хъуэхъум иужь мэжаджэ бзыгъэм щыщ зы дзэкъэгъуэ хегъэщI, абы щыщ Iыхьи адрей щытхэм зыIуагъахуэ. Лъабжьэ зиIэ теплъэгъуэщ мыр: мэжаджэм щыщ дзэкъэгъуэ зыIугъэхуэныр сыт хуэдэ дауэдапщэ Iэнэми хабзэу хэлъащ. Абы куэд тратхыхьащ, куэди тепсэлъыхьыгъащ.

Шым и цIэкIэ етIуанэу унагъуэр жьэгу пащхьэм къыщызэхуэсынур шыр зекIуэш хъурэ зекIуэр къыщыхуагъэфащэм дежщ.

Шым ныбжьищ иIэщ, жаIэ. МащIэу дытепсэлъыкIынщи, жытIэнщ зи гугъу тщIыр ныбжьыр къызэралъытэ илъэс бжыгъэр ару зэрыщымытыр. Шы ныбжьым кърагъэкIыр кIэлъыплъыгъуэ зэблэкIхэрщ. ЩапхъэкIэ жыпIэмэ, мыращ:

ШыщIэр гъэритI ирикъуху къэзылъхуамрэ зеймрэ я нэIэ тетщ. Ар япэ ныбжьщ. ГъэритIым щегъэжьауэ гъэрих хъухункIэ шыр зеймрэ абы и гъэсэнымрэ я нэIэ тетщ. Ар етIуанэ ныбжьщ. Гъэрихым щегъэжьауэ адэкIэ кIуэр – шыр зеймрэ езы шымрэ къызэхуонэжри – ар ещанэ ныбжьщ [10]. Шым зыщиужьри мыбы щыгъуэщ: "шым гъэриблым зеублэри, гъэрибгъум зеубгъу" жеIэ адыгэ псалъэжьым.

ИщхьэкIэ къызэрыхэщащи, шыщIэ дунейм къытехьагъащIэр щагъэпскIкIэ, шыкIэр ятхьэщIыртэкъым. Ар зытехуэр шыр гъэритI щрикъу махуэхэрщ. ШыкIэтхьэщIкIэ зэджэ тхьэлъэIури къыщыдахыр абы щыгъуэщ: абы хъуэхъуи теIуащ, Iэни епэсащ. Нобэр къыздэсым адыгэбзэм ехъумэ псэлъафэ гъэщIэгъуэн "шыкIэтхьэщI хуэпщIаи" жиIэу. Шы къащэхуам иращIэкI тхьэлъэIум шыкIэтхьэщIкIэ еджэу щытауэ жеIэ "Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэм" [11]. Дэ нэгъуэщIущ абы кърагъэкIыр къызэрыдгурагъэIуар, кърахри куэдкIэ иужькIэ игъуэта мыхьэнэращ: хъерым и IуэхукIэ цIыхушхуэ къызэхуэсам и инагъыр къызэрагъэлъагъуэ зы жьабзэ ишыгъуэ щхьэхуэщ мы псэлъафэр. Ауэ Iуэхум Iуэху хэлъщ, жаIэ. Мыри щыпэ мыхьэнэуэ къэплъытэ хъунукъым. Ар зытеIукIар зи гугъу тщIыну шы хуэIухуэщIэрщ.

ШыкIэтхьэщI щащI махуэм техуэу жылэм пщIэ зыхуащIу дэс лIыжьхэр къызэхуашэсырти, лIыжь зэхэс хуащIырт. Нэхъыжьхэм ящыщу зы жьакIуэ махъсымэбжьэр IэщIагъэувэрти, ягъэхъуахъуэрт. Хъуэхъур кIыхьу жаIэу щытауэ хъыбар щыIэщ, дэ къытлъэIэсыжа мащIэр мыращ:

Ялыхь,
Нобэ дыщIызэхыхьа псэущхьэм
И ныбжьымрэ и гъуэгумрэ зэтес щIы,
И шыпэ здигъазэм хъерыр къикIыу,
И гупэр здиунэтIым кIэсыр щыбэу,
БэкIэ и дахэ яIуатэу,
КъикIуэт имыщIэу,
И гъуэгужь къехъулIэу,
ЛIы хуэщхьэпэщ, хужаIэу,
Уанэ хуэфащэщ, хужаIэу,
ХужаIэ псори дахэу
Тхьэм иригъэкIуэкI!
И шыкIэ мафIэ емыуэу,
Ихъу-илъ и хьэлу,
ХьэлыфIэу,
ФIыгъуэхуэлъэу,
И нэр здэплъэм и лъэр лъэIэсу,
КIэсу тесыр напэхуу,
Дахэм и хужьу,
Жьым и гухэхъуэу,
ЛIыхъуу мы шым шэсынур
Ежьэмэ и гъуэгу бзэпсу,
Ипс жэджэу,
И гъуэгу занщIэу,
Аужэдж и гъусэу,
Имыгъусэ [къ]ехъуапсэу,
Хъуэпсэгъуэ и бэ щIыгъуу,
Хъер къыдэхъуу,
Къуаншэ къемыхъулIэу,
ЛIэныгъэм пэжыжьэу,
Псэуныгъэм пэблагъэу,
ЩыIэкIэ иIэу
Бэрэ щыIэну дыхуолъаIуэ! [12,13]

ШыкIэтхьэщIым траIуа хъуэхъубжьэ махъсымэм хъуэхъу зыIэтар зэ хофыкI, къедэIуахэм къахурегъэкIуэкIри, бжьэр къызэрыIэрыхьэжу шым бгъэдохьэри шыкIэм махъсымэм щыщ кърегъэжэх, и фIалъэ лъабжьэхэм къинар щIекIэ. Мыращ шыкIэтхьэщI жыхуаIэр. Мы шы хуэIухуэщIэ хабзэр щыкIуэдыжым, абы ехьэлIауэ щыта псэлъафэмрэ Iуэхугъуэм теужьыкIыжауэ аращ ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа мыхьэнэри.

МахъсымэекIыхыр хъуэхъу зытеIуа дауэдапщэ хабзэщ. ВакIуэдэкIым ещIэкIа хабзэ зыкъомым щыболъагъу ар. [14, 15]. Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, шыкIэтхьэщIыр шым и утыку щыпэрышэ хуэIухуэщIэщ.

ТIэкIу ипэ дымыгъэзэжу хъунукъым. Илъэс, илъэсрэ ныкъуэ нэхъыбэ мыхъуа шыр иджыри шыщIэу ябжырт. А ныбжьым фIамыгъэкIыу трагъахуэрт дамыгъэтедзэри. "Пасэу тебдзэмэ, пасэу пкърывыкIыжынщ" жаIэрти, арат зытращIыхьыр. Дамыгъэтедзэ махуэр щытрагъахуэр гъэрэ щIырэ зэрызэхэкIрэ махуэ плIыщI дэкIа иужькIэщ. Дамыгъэтедзэр бадзэуэгъуэр къэмысу зэфIагъэкIырт, гъэмахуэ шылэр шым егуэуа мыхъун щхьэкIэ, жаIэрти. Ар къызыхэкIыр шым игъуэта уIэгъэм е екIуэнкIэ шынагъуэ щыIэм (хуабаем, гъудэбадзэм) пэIэщIэ хуащIыну зэрыхущIэкъухэрат. Дамыгъэтедзэм хабзэ гъэщIэгъуэн куэд пылъщ. Абыхэм купщIафIэу тепсэлъыхьащ Ехъутэныдж Хьэсэн [16].

Дамыгъэтедзэр къыщыдах махуэм къуажэм щыщ нэхъыжь зытхух къызэхуашэсырти, дамыгъэр щытрадзэну щIыпIэм кърашалIэрт. Дамыгъэ тедзэныр пщэдджыжьыпэм ирагъажьэрти, жьауэгъуэджэ хъухункIэ екIуэкIырт. ХабзэмкIэ тезыдзэн хуейр шыр зейм и къуэшщ е и унэкъуэщ щIалэщ, ауэ а Iуэхум хуэIэзэхэр къыщрашалIи щыIэт. Ехъутэныдж Хьэсэн зэритхымкIэ, дамыгъэр тезыдзэм и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэхуэдэу, лъхугъэ иIэу, мыкуэсэуэ, Iэщ гъэхъуным хуэIэижьу щытын хуейщ [17]. Дамыгъэ тедзэкIэ лIэужьыгъуитI щыIащ: зыр – шыр ираудрэ дамыгъэр традзэу, адрейр – зэфIэту традзэу. Апхуэдэу ящIэу щIыщытам и щхьэусыгъуэр Ехъутэныджым шым и бэшэчагъым ирепх. Шым и пIалъэ фIыуэ щыгъуазэ Идарей Фаикъ къызэрыджиIамкIэ, лъхукъуэлIым дамыгъэр шым щытридзэкIэ игъэукIурийрт, уэркъышым дамыгъэр зэфIэту традзэу щытащ: щыту томыдзэм – уэркъышкъым [18]. ИтIанэ гурыIуэгъуэ мэхъу Ехъутэныджым и лэжьыгъэм къыщихь "Щолэхъур зэрыкIуэдыжар дамыгъэтедзэм къыщащIащ", "Щыту томыдзэм – щолэхъукъым" псэлъафэхэр [19].

Дамыгъэ тхыпхъэ пхыбзыкIар зытет щэкIыр псыф ящIырти, куафэм траубгъуэрт, итIанэт дамыгъэр къыщыхагъэжьыкIыр. Шыбзым дамыгъэр и пхэщIыщхьэм и лъахъшапIэм, хакIуэм и лъагапIэм традзэу щытащ. Дамыгъэр зэрытрадзэу уIэгъэм шэ фIэIуа, шху гуащIэ, шатэ, тхъу гъэвэжа хуэдэхэр щахуэрт [20]. Узым игъэундэрэщхъуа шыр хуабэщIыпс Iус ирагъафэрт. ХуабэщIыпсыр хъудыр гуащIэпс пIащIэщ, и гур къызэфIэмылIэн, и лъым и зекIуэкIэр зэтеувэжын папщIэ шым хущхъуэгъуэу ирахьэлIэу [21]. Зрилъэфыхьу щытмэ, кIыщ уадэ цIыкIукIэ шым и лъэIэгъуэм мащIэу теIунщIэхэрт, фIалъэ лъэдиймрэ псэлъынтхуэмрэ зэлъагъэIэсырт, шыр ягъащтэрти, ирагъэлъырт. АбыкIэ шым и гур зэрагъэгъуэтыжырт [22].

Дамыгъэр зэрытрадзэм кIэлъыплъу щыса нэхъыжьхэм Iуэхур къезыхьэлIа щIалэхэр зыпэрыс Iэнэм кърашалIэрти, абыхэм ехъуэхъухэрт, псалъэ дахэ жраIэрт. Дамыгъэтедзэ хъуэхъу куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщ мыр:

Ялыхь,
Гъэ дызытехьэр тхуэмэхуэн щIы,
Угъурлы щIы,
ЩIылъэу дызытетыр щхъуантIэу,
Уафэу дызыщIэтыр къащхъуэу,
Бий диIэхэмкIэ дыщхъуэдзэу,
ЩIасэу диIэхэм гузэрыдзэ едмыгъэщIу,
Ди Iэ къихьэмкIэ гуапэу,
Ди щIалэхэр узыншэ щIы,
Ди дахэхэр гукъеуэншэ щIы,
Жылэр бэIутэIуншэ щIы,
Уи бэлыхьым щыхъумэ!
Ялыхь,
Я Iэщ къэхъумэ,
Я Iэщыр гъэузыншэ,
Дамыгъэр зытрадзам яхуэщын щIы,
Амыщ и Iэщын палъэу къыщIэгъэкI,
Насыпшэсхэу къыщIэгъэкI,
ЗэдыщIэкIыу хъер кIуапIэ щIы! [23]

Дамыгъэтедзэ хъуэхъубжьэр Iубыгъуищ мэхъу. Япэ щIыкIэ хъуэхъуар бжьэм хоIубыкIри, итIанэ ижьымкIэ щытым хуешийр; бжьэм къигъэзэжа иужькIэ, нэхъыжьым дамыгъэтедзэм хэта щIалэхэм ящыщ зым ар хуегъэфащэр. Джылахъстэнейхэм дамыгъэтедзэр IэнэкIэ яублэр, Iэщым гунэщIу ухыхьэ хъунукъым, жаIэри [24]. Узун-Яйлэ ис хьэтыкъуейхэм Iэнэр нобэ хуэдэм ягъэуврэ пщэдей хуэдэм езы дамыгъэтедзэр къыдахыу щытащ [25]. ЩIалэм къыIэщIагъэува бжьэм хуэфащэ пщIэ хуищIу иригъэгъэзэжа иужькIэ, тхьэлъэIу мэжаджэ бзыгъэрэ шхуIэфI фалъэрэ (прунж IэфI жызыIэхэри щыIэщ) нэхъыжьым етIуанэу хуеший. Дамыгъэтедзэ тхьэлъэIум нышыпхъи хэтщ, шхын зэблэхри щыбэщ, ауэ хэхауэ абы и шхыныгъуэ епэсар мэжаджэмрэ шхуIэфIымрэт. И гъэхьэзырыкIэм теухуауэ мэжаджэм цIэ зэхуэмыдэ игъуэтырт: Бахъсэн псыхъуэ дэсхэм пхъэхуей мэжаджэ жаIэу, Шэджэм псыхъуэ дэсхэм пхъафэ мэжаджэ жаIэу щытащ [26]. Абазэ мэжаджэкIэ зэджэм и гъэхьэзырыкIэм хуэдэщ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуахэм я пщэфIыкIэри [27].

Дамыгъэтедзэ Iэнэм IыхьэхэгъэкI жаIэри нэгъуэщI зы хабзи хэлъщ. Зедмыгъэукъуэдиищэу къедбжэкIынщ дамыгъэтедзэ Iэнэм и цIэкIэ хагъэкI Iыхьэ лIэужьыгъуэхэр: нэхъыжь Iыхьэ, анэш Iыхьэ, фызабэ Iыхьэ, зеиншэ Iыхьэ, гъукIэ Iыхьэ, дахэ Iыхьэ, емыгъэз Iыхьэ [28].

Шы хуэIухуэщIэ хабзэхэр абдеж зэ щызэпоу шыр гъэрих ирикъухункIэ. "Пщым и щауэр гъэрихым мэшэс" жери зы едзыгъуэ хэтщ Iэпэрыбжэ къебжэкIым [29]. Гъэрих щрикъум ирихьэлIэу жылэр щызэхуэсу дауэдапщэшхуэ зэхохьэ. Щыпэдэшщ абы зэреджэу щытар. Мыбдежт япэ дыдэ шыр утыку щрашэр, шым и пIалъэ зыщIэхэм абы и фIагъымрэ и щыщIагъэхэмрэ къыщрагъэIуатэр, зекIуэш хъунрэ мыхъунрэ е гъуэгуш къудейуэ къэнэнрэ щызэхагъэкIыр. ИкIэм-икIэжым, щыпэдэшым и мыхьэнэри аращ: шым зекIуэ щэну хэлъыр къыхэгъэщынрат. Абы щхьэкIэ зэпеуэ, джэгукIэ куэд ирагъэкIуэкIырт. КъыхэжэныкIам зекIуэшыцIэр теIукIт, ар зейм абдеж щIалапщIэ (шыфI тын жызыIи щыIэщ), хуагъафэщэрт, хэти бгъэрыщIэ, хэти джэрыщIэ, хэти нал, хэт сыт хузэфIэкIми иратырт.

Щыпэдэшым хъуэхъу Iэнэ епэсащ. Абдежи хъуэхъубэр щаIэтырт. Мыр щыпэдэшым теIуа хъуэхъущ хужытIэну мы сыхьэткIэ ди Iэ зыри илъкъым.

Абы иужькIэ шым шэсынур ерыщу абы зекIуэш къызэрыхищIыкIыным зыхуигъасэрт. "Чы щIыкIэ къомыгъэшар бжэгъу хъумэ къэгъэшыжыгъуейщ" жаIэ, дауи, иджы къэса шым шыфI и щэн зыкъом хэмылъу хъунукъым: мэзым и курыкупсэм гурыгъуазэу укъыхишыжыныр, гъуазапIэм укъришэлIэжыныр, и жэрыр зэтес щIыныр, цIахуцIэуи уанэ зэщIэлъуи зэхуэдэу гъуэгур кърихьэлIэныр, мэкъумылэ хэхам тет зэпыту егъэсэныр.

ЗекIуэлIкIэ зызылъэгъуж щIалэм и пщэрылъ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыт пщэдджыж нэхумыщ зэIэпыт къэс и шыр псафэ дишыныр, игъэпскIыныр. ЗэрыжаIэмкIэ, пщэдджыжьыпс диям еса шым щIыфэтхытхыр хиныжырт, псыхьам хуэдэу хъурт. ЖэщкIэ шыр хэгъэпщынри пщэрылъ цIыкIукъым, IуэхугъуитI къызэфIегъэкI: япэр – шыр зы хъуэкIуэн мардэ тоувэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ишхым и мащIэмрэ и куэдымрэ зэтес ещI; етIуанэр – шы закъуэрыутIыпщыр сакъ ещI, мыгущтэгулэу зэрыщытын хуейм хуегъасэ. "ЛIымрэ шымрэ дыхьэзырщ" жаIэу щIалэщIэхэм хъыбар къыщаткIэ, щыпэшэсым и гъуэ хъуащ жаIэри иджыри зы зэхыхьэ ящI. Щыпэшэс тхьэлъэIур зыхуэгъэпсар лIымрэ шымрэ зэрызэзэгъар, шым зекIуэш къарууэ игъуэтар зыхуэдэр зэхэгъэкIынырщ. Къуажэ хэгъуащхьэм деж жылэр къыщызэхуосри, шыгъэджэгу тафэкIэ еджэу щIыпIэ куэд хэхауэ щыIащ, абдеж щыпэшэс зыщI щIалэхэмрэ Iэдэжу яIыгъ я шыхэмрэ къокIуалIэхэр. Ахэр зи пащхьэ иувэ нэхъыжьыфIхэм псалъэ пехьэжьэ щIалэхэм къыхуащI, дахэ къыжраIэ, хъуэхъу хуаIэт. Апхуэдэ хъуэхъу куэд ди нобэм къэсащ.

Зэ дызэщIэкIуэн хуейщ. Щыпэшэс зыхуащIыну щIалэр пщIантIэм къыщыдэкIкIэ, щыпэшэсым и щыпэ хъуэхъур къыжезыIэр фызыжь нэхъыжьщ: ар хуагъэфэщэнкIэ мэхъу анэшхуэми, лъэпкъым щыщ пхъужьми, фызабэми. Нэхъ зытрагъахуэу щытар фызабэрщ. "Фызабэ хъуэхъурэ гыбзэрэ" жаIэ. И хъуэхъур щиухкIэ фызабэ цIыхубзым шыкIэрыщIэ шым къыхуещI, матэ хьэлыуэ къыдыщIегъури щIалэр къыдегъэкI [30]. Фызабэ хъуэхъур ипэжыпIэкIэ хъуэхъу-тебжэ жыхуаIэхэм щыщщ. Абы и щапхъэщ мыр:

Дотэнэхур хуарэ къазым мэшэс,
ПкIатэ-лъатэщ,
Дыгъэ-мазэм дотэдж,
ДжакIуэр зымыщIэщ,
Хы щIыб щызоплъэ,
Хуарэ пцIэгъуэплъыр япэ шэсым къегъэIэдэж,
Хьэм и жагъэр г[ъ]унэ хуэмыхъуу къафIокIуэ,
И щыпэ шэсым хьэри бгъэри къылъэмыщIыс,
Дарий самэм и шыбг Iэдэжхэр еухуэ,
ЕтI[у]анэ шэсым сэху-сэплъ зи нэкIухэр кIэсу къегъэс,
Куэду къэпхьмэ, хьэблэ кIыхь ухъунщ,
МащIэ къэпхьмэ, хьэблэ кIагуэ ухъунщ,
Сэрэ хэлъэфхэр зи Iэщэ,
Дыщэч илъэфахэр зи Iэпщэ,
Дзэшхуэр зущи[й]р зи джатэ,
Зи джатэпэм мастэр Iулъэлъ,
Куэд пылъэлъмэ, шуукIэ мин бгъэщтэнщ,
ТIо пылъэлъым, шыкIэ мин бгъэубзэнщ,
Уи Бзуукъуэ домбеякъ дамышэ,
Зыкъыппэзыши шы c[а]угъэт химых,
Зыхэзых уи бжэщхьэIу къобакъуэ,
Уи жэмищэр Ищхьэкъалэм щебгъащэщ,
Къощэурэ пщыгъэр къафIэпхьынщ,
Iэщэр къыщащтэм лIы IэпщитI щIэмыхьэ,
Дзэшхуэр мыхьэкъуэу тхузошэ,
УешалIакIуэу жылэ бий ущымышхэ,
Узщымышхи жылэ куэд щымыIэ [3I].

Щызэхуэсын хуей щIыпIэм пIалъэр къэсу щыдэкIкIэ, абдеж нэхъыжь къызэхуэсахэм ящыщ зы иджыри зэ мэхъуахъуэ:

Уэ си щIалэ къуапцIэ,
КъэрапцIэм утесу ипэу удокI,
Шу икIэ умыхъуу,
Щауэхъуу ухахуэу,
Къарэбэу къэпхуфыр Iэм дэжэу,
Бийр къыпкIэлъыжэми къуимыкуу,
Къозымыкуфхэр уэркъыжьу,
Мыужьэжьыхэр уи джатэу,
Уи джатэм и пэр маисэу,
Хэкурыс псоми уефIэкIыу
Тхьэм уищI!
Уэ си щIалэ,
Бланафэр уи пщыIэ бгъэну,
Уи унэ бгъэныр домбеижьыфэу,
Фадэм и пIащIэр пащIэкIэ бзыуэ,
Бзылъхугъэу гуащэхэр уэ къыпхузэпещэу,
Пщащэм и дэгъуэм уэ уращIасэу,
Хэкурыс лъхукъуэщауэ ухъуну
Сэ сынохъуэхъу! [32]

Мыпхуэдэ зы хъуэхъуи щыIэщ:

Уу, зы Тхьэуэ Тхьэшхуэ,
Нэрдокъуэу зыщогъуэладжэ,
Жьыгъуэр зыт,
Дунейм я тет!
Уардэ унэшхуэу,
Пщышхуэ епсыхыпIэу,
Уэхьэхьей щемызщ ар,
Мэзыр и шхуэмылакIэщ,
И кIым хуарэр фIегъэщ,
Щыпэшэсым дзэшхуэр къишэу,
Дзэуэ къишэр дыгъужьу,
Дыгъужьыгур кIуэцIылъу,
УкIуэцIырыплъым тIыхъуфэу,
Уафэ джабэр дыщэкIыу,
И щхьэр абрэмывэу,
И нэр вагъуэшхуэ лыду,
КъызыпылыдыкIыр и Iэщэу,
Дзэр зыущийр и джатэу,
И джатэпэм жыр мастэр пыщэщу,
Куэд пыщэщым гу мин гъэубзэу,
И бзэкъум къулкъулыкъум зыпишэу,
И бжэнищэр къалэ щыгум щигъасэу,
Есу пщы щауэр зыщIигъуу,
Хъан и къуищыр щIэупщIэу,
Хъундэджыр и пщIантIэм щепсыхыу
Апхуэдэ щауэ Тхьэм къыдит![33]

Бжьэр зи цIэкIэ жаIам бжьэ хэфынри къылъос. Езым ипэрапщIэу, адыгэ жыIэкIэу жытIынщи, и пащIэкIэ мащIэу къыхещIэри, шудежьэ щауэ гъусэм бжьэр хуешийр, ари къыхоф, итIанэ щIалэм къратыжа бжьэр хъуэхъу жызыIа тхьэмадэм IэщIегъэувэжыр. Абы иужькIэ щIалэр тхьэмахуэ, мазэ гъуэгу тоувэри "къэт" жрегъыIэ. Шыр щагъэунэху лъэхъэнэщ щыпэшэс зекIуэр, е нэхъ пэжу жыпIэнумэ, щыпэшэс дэкIыр. КъекIуэлIэжрэ шырэ лIырэ зэхуэарэзыуэ къыщIэкIмэ, "шы и фэрэ лIы и фэрэ зэрыщIащ, зэрыгъэщIэхъунукъым" жаIэ.

Щыпэшэс дэкIахэр къэтыху унэм исхэм кIэлъыгъэхуабэ жаIэри шхыныгъуэ зэхуэмыдэхэр япщэфI. Iэнэ пэрытIысхьа нэужь мыпхуэдэ зы хъуэхъу-тхьэлъэIуи жаIэу щытащ:

Ялыхь,
Гъуэгужь езышэжьа мы щIалэр
Гъуэгу махуэ тегъэувэ,
И гъуэгупэ фIы иригъакIуэ,
ГуфIэгъуэкIэ егъажьэ,
ФIыгъуэкIэ къегъэкIуэлIэж,
И жьэгу пащхьэ псынщIэу къыIугъэуэж! [34]

Щыпэшэсыр кърихьэлIэрэ къекIуэлIэжа иужь зекIуэ кIуэну шуужьхэм джакIуэ къыхуащIыху щIалэр зекIуэ гъуэгу теувэ хъунутэкъым. Шу закъуэ къыхэкIынрэ гуп шу хъунрэ щызэхэкIыр гуп ящIыгъуу зэ ежьэмэщ. ДжакIуэ къыхуащIрэ щIалэр зыхагъыхьэмэ, етIуанэу унагъуэ тхьэлъэIу ящIыр. Мыбы щыгъуэ ныш яукIыр. Абы къраджэрт я дзыхь зрагъэз, унагъуэм куэд щIауэ къадэгъуэгурыкIуэ адэжь ныбжьэгъухэр.

ЗекIуэ ежьэну, гъуэгу теувэну щIалэм и Iэщэ-фащэр щызэралъхьэ, и гъуэмылэр щызэхалъхьэ жэщщ мы жэщыр. "Iуданэ зэрыдзэрэ данэ бэлътокурэ уи пIэщхьагъ щIэлъу нэху укъекIамэ, псэлъыхъу хъыджэбз уи мащIэкъым" щыжаIари мыпхуэдэ зы жэщщ.

Гъуэмылэм и IуэхукIэ псалъитI-щы. Гъуэмылэ лIэужьыгъуищым я гугъу дощIыф мы сыхьэткIэ: шхын гъур, гъуэмылэжь (зекIуэ гъуэмылэ), гъуэмылэ лей. Шхын гъуркIэ зэджэр щыпэшэс дэкIым хуагъэхьэзыр гъуэгуанэ шхынырщ. Абы хеубыдэ бащырбэжьей из хъун форэ хьэкъуртрэ (форыпщ иризэхащIэну), джэдыкIэрыпщыр (тхъурыжьыр), тэджыпскIэ зэIымыха тхьэвым къыхэщIыкIа хьэлыгъур, лы гъурыр, кхъуейплъыжь гъэгъуар, фэнджьей из псыр. ГъуэмылэжькIэ зэджэм зи гугъу тщIа шхыныгъуэхэри хохьэ, абы ищIыIужкIи тхъурымбеймрэ шхузымрэ хэлъщ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, шхузым гъэхьэзырыкIэ зыбжанэ иIэщ, зыхуащI Iуэхум теухуауэ: псынщIэрыщIрэ щIыгъуэ кIыхьу. ПсынщIэрыщIу ящI шхузырщ зекIуэм къыздрахьэкIыу щытари. Гъуэмылэ лей жыхуаIэр гъуэмылэжь шхыныгъуэр псори зэхэгъэгъухьарэ зэхэжыхьауэ икIи зэхэкIутэжауэ зы чысэ цIыкIу илъу уанэгущхьэнтэм иралъхьэрщ, е шыкIэпх къэпым щахъумэрщ, е Iэщхьэпщэм еуалIэ хьэзырыбгъухэм иракIутэрщ [35]. Гъуэмылэм и гугъу адыгэ лъэпкъщIэныгъэм япэ дыдэ щызыщIар Унэрокъуэ Раерэ Мэрзей Аслъэнбэчрэщ [36]. Шхыныжь егуапэкIэ еджэу хъуэхъу-тебжэм хуэдэу къебжэкIхэр щыIэщ. Ахэр куэд мэхъу. Абыхэм ящыщ зы щапхъэу къэтхьынщ:

Уэ шхын и пIалъэ,
Псэ и палъэ,
Уи къэуат щIэмыкIыу,
Уэ уи IэфI мыкIуэду,
Зышхым щыкIуэу,
КIуэд имыIэу,
Куэду илъу,
Телъмэ батэу,
Илъмэ щатэу
КIыхь щIы,
Хъер щIы,
IэфI щIы! [37]

Иджыри зы Iуэху. Къыщедгъэжьам деж дгъэзэжынщи, гущэкъу уэрэд къэдгъэлъэгъуауэ щытам "Уи псэ закъуэр мастэпэбдзи, Пхъуантэдэлъу пхузохъумэри" жиIэу хэт едзыгъуэхэр дигу къэдгъэкIыжынщ. Iэщэ-фащэр щызэрагъэпэщ жэщым анэхэм, анэжьхэм уанэгущхьэнтэ тхьэмпэтелъ жыхуаIэм хэдыкI тIуащIэ мастэпэбдзкIэ тращIэу щытащ. ХэдыкIыр хъурейуи, плIимэуи, щимэуи, нэгъуэщI пкъыгъэпс щIыкIэ зэхуэмыдэуи ящIынкIэ хъунут, ауэ ар зэтелъу, къызэдекIуэкI тIуащIэу хэщIыхьын хуейт. Мыр шэтемыгъахуэ тхыпхъэщ. Езы мастэпэбдзыр гъущIыкIэти, угъурлыгъэ пылъу, нэтемыгъахуэ гуащIэ иIэу къащыхъурт, абы къыхэкIыуи яхъумэрт, нэ жагъуэм пэIэщIэу.

Уанэгущхьэнтэ тхьэмпэтелъым и мызакъуэу тхыпхъэр бэракъми тращIыхьырт. Псалъэм щхьэкIэ, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыщ Щоджэнхэ я бэракъым телъащ апхуэдэ хэдыкI [38]. Ар щыхащIыхькIэ цIыхубзхэр унэ пхыдзам щIэтIысхьэхэрти, я Iуэху зэфIэкIыху зы псалъэ жамыIэу щыму ар ящIырт [39]. Дыжьыныгъуэ уэркъхэмрэ беслъэн уэркъхэмрэ шэтемыгъахуэ тхыпхъэмрэ хьэфэ тхылъымрэ зэкIуэцIылъу пщэрыдзэу кърахьэкIыуи щытащ. Абыхэм я пIэ нэхъ иужькIэ шэтемыгъахуэ дыуэр иуващ.

ТхьэлъэIум хуэдгъэзэжынщи, абы хэлъ зы гъэщIэгъуэнагъым и гугъу тщIынщ. IэнитI зэпэщхьэхуэу зэдагъэув хабзэт: зыр – щIалэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ я Iэнэу, адрейр – нэхъыжьхэм яйуэ. Iэнэр къызэIузых нэхъыжьым щIалэм и цIэкIэ щыпэ хъуэхъур къеIэт:

Ялыхь!
Дзэ пэлъытэ шууэ,
И уэгъуэ закъуэр уэгъуищэ пIалъэу,
И нэр зытеплъэр шабзэм IэщIэмыкIыу,
Я нэхъ хукIэу ищIэм сэрэбэгъуэр хэту,
Джатэр иIэтамэ, дзэ пакIэр ирилъэщIэхыу,
Къызэхэзыхым яфIэтелъыджэу,
ДжакIуэ зыхуащIым я щхьэжу,
Жылэм я Iумахуэу,
И мэIуху бжы къутэу,
И джатэр маисэу,
И Псатхьэр бжэ блыгу имыкIыу,
Тхьэгъэлэджри лъахэм щыпсалъэу,
Лъэпщ емышу Iэщэр къыхуищIу,
Зи гъащIэм кIэ имыIэжу
Лъабжьэшхуэ тхурехъу! [40]

Абы иужькIэ Iэнэ егъэблагъэ ящI. Нэхъыжь Iэнэм хъуэхъур щыжаIэкIэ абы едэIуэну щIалэм и пшэрыхьыр ягъакIуэ. Езы щIалэр абы щIэмыкIуэр и шымрэ езымрэ я щытхъу едаIуэу щытыныр къригъэзэгъыртэкъыми аращ. "Нэрылъагъу щытхъурэ нэрымылъагъу убэрэ зэхуэдэщ" жаIакъэ? ТхьэлъэIу шхыныгъуэу ягъэхьэзырхэм щыщщ махъсымэр, дэ купщIэ зыхэлъ хьэлыуэр, кхъуейлъалъэ зыдэлъ хьэлывэр, нышыр, лэпсыр, лэпстепхъэр. Псом щыщи зэхэлъу пшэрыхь щIалэм къыIэщIегъэувэри, нэхъыжьым и хъуэхъупэ еубыдыжыр. Абы щыщ текст зыбжанэ ди деж къэсащ.

Ый, Алахь!
Гъогу мафэ шъуегъажь!
Гъогум шъузежьэкIэ
Шъуигъогур бзэпсэу,
Псэу шъузыIукIэрэр щэнджэу,
Шъуиуашъохэр къашхъоу,
ЧIылъэр шхъуантIэу,
ШхъонтIэ кIэфымэ шъуатесэу,
Благъохэр IэкIэ шъубзэу,
Зешъудзыхымэ дышъэр къэшъушыпэу,
КъызыжъугъэзэжьыкIэ шъуиунэхэр
Ордэ унэ зэпытэу,
ЦIыфышхо епсыхыпIэу,
Къихьэрэм къыринэу,
ИкIырэм былым къырихьэу
Мы хъохъур къыжъудэхъу,
ГъучIыпсэу,
Псэубэу,
БэгъашIэу,
ГъэшIэ кIахь Тхьэм къышъует!
Чан къышъомыбзэу,
Узы къышъомыкIоу
Тхьэ шъуешI! [41]

Нэхъыжьхэм щIалэм къыхуагъэфэща Iэнэр къыщIихыжу зекIуэ ежьэнум и пащхьэ щригъэувэжкIэ, абыи хуэфэщэн шыгъу-пIастэ зэхрегъалъхьэри, хъуэхъу жызыIам псалъэ дахэ зыбжанэ хурегъэхьыж:

Уигъорэ уибжъэрэ зэтемызэу,
Узырэ бзаджэрэ къыомыкIоу,
Гукъаорэ гукIаерэ уимыIэу,
НахьышIор уигъогоу,
ШIуагъэу щыIэр къыохъулIэу,
УилIыгъэкIэ къыохъуапсэхэу,
Узэхъуапсэрэ щымыIэу,
Псауныгъэ уиIэу,
Мы бжъэу къысэптыгъэм къисынагъэр
Узиджагъоу щыIэм игъомылэу
О, ти-Тхьэшхо, ешI! [42]

Пщэдджыжь кIэхур къызэкIэщIитхъын ипэ къихуэу джакIуэ зыхуащIа щIалэр мэшэсри къуажэ хэгъуащхьэм деж къокIуалIэ. Абдеж иджыри зэ нэхъыжьхэр якIэлъохъуахъуэ. ХъуэхъуитI щыжаIэ мы щIыпIэм: зыр – зекIуэ ежьэ шууейм и цIэкIэ, адрейр – шым щхьэкIэ.

Хъуэхъу жызыIэ нэхъыжьым бжьэи IэщIэткъым, мэжаджи иIыгъкъым. Шу пашэм и шы IумпIэр еубыдри, шэсыну зызыгъэхьэзыра щIалэхэм я гъуэгуанэ къайхъулIэн щхьэкIэ хъуэхъукIэ захуегъазэ:

Я Алыхь!
Ди щIалэ жанхэр
Насыпым хуэшэсхэу,
ГуфIэгъуэм хуепсыххэу,
Шуупэ хуэпхъэхэу,
ШуукIэ щIэкъухэу,
ЗыхущIэкъу псори къайхъулIэу,
ЛIыгъэ хущIэкъухэу,
ЛIэныгъэм къыпимыгуэхэу,
ЗыхуаунэтIым я Iыхьэ къыпахыу,
Зыхыхьэм я цIэфI къыщанэу,
ЯлI къыщанэу къыщIэмыпхъуэжу,
Пхъэрыр къыщысым трагъэувыIэу,
Увыгъэ къыщащIым яхуэмубыду,
Удыну ядзыр гущхьэм и лысу,
КъакIэлъыс псори ирагъэпсыхыу,
ХуарэпцIэ нэсхэр я Iэдэжу
ФIыгъуэкIэ къытхуэхьыжхэ! [43]

ИтIанэ шыми хъуэхъу псалъэ хуеIэт:

Шыуэ [фы]зытесхэр
Жэрым хуэнахуэу,
НэбзыпэщIэплъхэу,
Хьэджафэ жагъуэхэу,
Я нэр зытеплъэр яIэщIэмыкIыу,
Псы икIыгъуэм хуэбжьеипкъыу,
Къумым ихьами къызэфIэмылIэу,
ЛIыуэ ятесхэр къытхуагъэгушхуэу,
ШхуэIуу япщIэхэлъхэр ямыгъэхуадэу,
Я лъэр быдэрэ мылъэпэрапэу,
Я Алыхь, гъуэгуанэ дахэ къырахьэлIауэ къегъэкIуэлIэжхэ! [44]

"Уанэ махуэрэ гъуэгу махуэкIэ" якIэлъыхъуахъуэурэ зекIуэ гупыр дошэсыкI. ЗекIуэ ежьа гупым игъэунэхур и лIыгъэ къихь лIыгъэм и закъуэтэкъым, абдеж нахуэ къыщыхъурт шум, зекIуэлIым и хыхьэ-хэкIыкIэр, и зэгъыкIэр, и зыIыгъыкIэр, и псэлъэкIэр, и гупсысэкIэр. "ЦIыху цIыху щIыжщ" щыжаIа гъуэгущ зекIуэр. Шум и щыпэ зекIуэрат щызэхэкIри зекIуэлIыр шу закъуэу е гуп шууэ щытынри. Зыр зым ефIэкIыу аракъым ар, зекIуэлIым и ябгагъымрэ и щхьэ зэрилъэгъужымрэ теухуауэ щыт нэхъкIэ.

Шортэн Аскэрбий зэритхымкIэ, гъуэгу теувам и хъыбар яIуатэртэкъым, зэрежьар хэIущIыIу ящIыртэкъым [45]. ЖыIэн хуейщ кIэлъыхъуахъуэ дауэдапщэ зыхэмыт апхуэдэ щэху дэшэсыкIыр зытеухуари зыхуэгъэзари зекIуэлI шу закъуэр ару зэрыщытыр.

ЗекIуэ ежьа гупым я цIэкIэ хъыджэбзхэм жэщщыс е пщащэ зэхэс ящIу щытащ. Абдеж щыжаIэу щыта хъуэхъу-уэрэдым и зы кIапэлъапэ ди деж къэсащ:

Уэ зы хэкукIэ дыхэку Iумахуэщ,
ЗекIуэ дгъакIуэхэр щIалэ Iумахуэхэщ,
Нэху щагъэщыр къумым и жьантIэщ,
ЖьантIэ дэсхэм тыгъэр къытхуашэ,
Ар езыхэр быным я пажэщ,
Я жэрхэр алъпым я щылъхущ,
Къумыхьэу тхьэкIумэгъэкIщ,
Къанлоухэщ,
Я кIэр ягъэпщ,
Зыкъезыпщыт зылъэмыщIысщ,
"Щыхьащэ!" – жаIэрэ дэкIмэ,
Дарий хэкIыр тай-тайуэ къахь,
ЧэруанакIуэу ахэр жьэгу пащхьэм
Махъшэ чырэу къыщагъэтIыс,
Гъунэгъухэр плъакIуэ къежэкIмэ,
Дарий са[у]гъэтыр IэщIалъхьэ,
Хъыджэбз цIыкIухэр къайхъуэхъумэ,
Гулмэдынхэр тралъхьэ,
Унагъуэу къыздекIуэлIэжыр
Унагъуэ лъэщщ,
Чэщей пхъэхур я бжаблэщ,
Пхъэм и бланэр я бжыкъущ,
Мыкъутэр я тхыцIакIуэщ,
Сатыру ирикIуэр дзажэщ,
Я жьэгу лыгъуэлыбжьэщ,
Я бжьаIуэ гуэрэнищэщ,
Я гублащхьэ щIым нэскъым,
Пхъашэ-хушэр зэблокI,
Гу зэтеткIэ къыдашэ,
Къашэу хъугъэр назычэщ,
Трачыхэр кIадащхьэ[щ],
Я жьэгу шатэжь щагъавэ,
Тхъури кIадэу йовыкI,
Я нысащIэхэр зэблокI,
ХъугъуэфIыгъуэхэр зэблах,
Шатэр Iуву трах,
Уэ я хьэщIэр жьантIакIуэу,
ЯхэмыкI усакIуэу,
Дахэу зекIуэр я нысэу,
Вагъуэм хуэдэр я щIэблэу,
Я мэл [г]уартэр мыгъазэу,
Зарыхуэхьыр я кIапэу,
Iэрыщхьэлыр уфафэу,
Щыхьыфэр я лъэгурыдзу,
Дзыдзафэр я бгъафэ тебзэу,
Бзууцыр я пIэ ухуауэ
ПсэукIэ нэху,
ПсэукIэ хуабэ, уи ди Тхьэ, къыдэт,
Дэ къытхуэхъуахъуэми къет!
Апхуэду дунейр дэ тхуэмэхуэн,
Дэ дызижагъуэм хуэмыгъуэн,
И унагъуэр зэкIэлъымыкIуу,
ЦIыху лъхудии къакIэлъымыкIуэу,
Бэрэчэтри и жьэгу емыкIуэу,
Гъуэгу зэрытехьэни имыIэу,
ГъуэгумкIэ къихьынуми пэIэщIэу,
ЦIыхум я IэщIыбу
И унэгъуэбжэр IэщIыбкIэ хуегъэщIыж! [46]

Щхьэж и гум щигъафIэ щIалэм и цIэкIэ бэлътоку кIэращIэу зэхэс щащI унэкум зы баш кIыхь, и щхьэр дэбзыкIищкIэ ихауэ, итт. Бэлътоку кIапэр зы IэмкIэ яIыгъыу, адрей Iэр къыбгъурыт хъыджэбзым и Iэблэм телъу а башым и хъуреягъкIэ къеуджэкIыу щытахэщ [47].

ДыблэкI мыхъуну иджыри зы Iуэхугъуэ щыIэщ. Ар шым, зекIуэлIым, зекIуэм къару нэрымылъагъухэр щхьэщыжакIуэу, хъумакIуэу яIэу ялъытэу зэрыщытарщ. Адыгэ IуэрыIуатэм къыхощыж апхуэдэцIэ зыщ-зыплI. Пасэрей адыгэ фIэщхъуныгъэм и щIэинщ ЗекIуэтхьэр. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ЗекIуэтхьэр зи жьэгу пащхьэ дэкIа шууейхэм, гъуэгу тетхэм, зекIуэ губгъуэ ихьахэм я щхьэщыжакIуэщ. Абы къимыдэкIэ нэхъыжьхэм ди деж къахьэсащ Созэрэщ, Лъэпщ, Аужэдж, Тхьэщэрыпхъухэм я цIэхэри.

Шапсыгъ къэIуэтэжакIуэ Куэбл Пагуэжьрэ Хьэгъур Нанурэ я фIэщу жаIэрт зекIуэ гъуэгу тетым Созэрэщ я хъумакIуэу щытауэ [48]. "Унэгъуэтхьэу" щыт Созэрэщ сабийхэми, сабий узыфэхэми, мэкъумэшми, Iэщ гъэхъунми, зекIуэми я тхьэпэлъытэщ. Щыгъуазэ зызыхуэтщIа текстхэмрэ хабзэ хуэIухуэщIэхэмрэ къазэрыхэщымкIэ, Iуэхупежьэу жьэгу пащхьэ тхьэлъэIу щащIкIэ Созэрэщ и цIэр къыхэхуэу сыт хуэдэ дауэдапщэхэми хэувэу щытащ. Апхуэдэщ гъавэпэм хэмыIэбэ щIыкIэ жьэгум деж щащIу щыта тхьэлъэIури, зы тхьэмахуэкIэ дунейм къытехьэну Iэщ цIыкIухэм я цIэкIэ а жьэгу дыдэм щрагъэкIуэкIыу щыта тхьэлъэIури. ШыщIэ къалъхуам и хъеррэ зекIуэш зэрыхъуам и фIыгъэкIэ жьэгум и пащхьэ тхьэлъэIу щащIри армырауэ фIэщхъугъуейщ. ИужькIэ ар яIэщIэхужами, шэч къытехьэгъуейщ Созэрэщ и цIэкIэ хъуэхъу зэхуэмыдэхэр жаIэу щымытауэ.

Лъэпщ Iэщэм и щхьэщыжакIуэщ, Аужэдж лIыгъэм, зауэ напэм и тепщэщ.

Тхьэщырыпхъухэм я Iуэхур гъэщIэгъуэн дыдэщ. ПыухыкIауэ абыхэм ятеухуауэ зы хъыбар и пэрэ и кIэрэ зэлъэIэсу нобэкIэ IуэрыIуатэм хэбгъуэтэнкъым. Ауэ щIэх-щIэхыурэ къебжэкI, хъуэхъубжэ зэхуэмыдэхэм абыхэм я цIэ уащрохьэлIэ, тхьэлъэIу дауэдапщэ хэхаи яIэу зэрыщытам и хъыбар тхыгъэжьхэми уащыхуозэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Эдмунд Спенсер мыпхуэдэу етхыж: "Адыгэхэм пщIэ хуащI Тхьэщырыпхъуищым, унагъуэ насыпымрэ гъунэгъу зэгурыIуэмрэ зыхъумэ зэшыпхъуищым. Ахэр икIи зекIуэлIым, гузэвэгъуэ къызылъэIэса зауэлIым и хъумакIуэуи къалъытэр, абыхэм я зекIуэ гъуэгури я нэIэ тету къокIуэкIыр. Гъуэгу теувэнум е теувам, зи унапIэ зыхъуэжым абыхэм я цIэкIэ зы тыхь имыщIмэ, емызэгъыу къалъытэу зы Iуэхугъуэщ" [49]. Аращ Ж.-В.-Э. Тебу де Мариньи, Ж.-Ш. де Бесс сымэ ятхри [50]. ТегъэщIапIэ димыIэми, Тхьэщырыпхъуищым я тхьэлъэIум и зы кIапэлъапэ хъыбару, теплъэгъуэу къытфIощI ищхьэкIэ зи гугъу тщIа хъыджэбз зэхэсри.

ЗекIуэ хуэIухуэщIэхэр мыбдеж щызэхэдгъэувэжа теплъэгъуэхэм нэхърэ нэхъыбэ хъууэ, нэхъыбэ къызэщIаубыдэу зэрыщытам шэч хэлъкъым. ЗекIуэр адыгэ гъащIэм и зы институтщ, куууэ хэпщIауэ, цIыху зэхущытыкIэ хабзэ зыкъом зэригъакIуэу. КъытхуэтIэщIыжа мащIэрщ фи пащхьэ итлъхьари.

Литературэр:

КъэзыIуэтэжар Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ щыщ Лосэн Жанзилэ Щауэ Хъерлы ипхъурщ, 1918 гъ.къ. 10.08.2004 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
КъэзыIуэтэжар Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ щыщ Унэж Хьэбибэ ХьэцIыкIу Къурмэн ипхъурщ, 1910 гъ.къ. 2002 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
КъэзыIуэтэжар Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ щыщ Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ, 1934 гъ.къ. 1.09.2007 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
КъыджезыIэжар Думэн Замир Билал и къуэрщ, КБИГИ-м и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщIэщ.
КъэзыIуэтэжар Къайсэр/Узун-Яйлэ-ЩIэщхьэблэ къыщыхъуа КIэрашэ Хьэсэн Мыхьмуд и къуэрщ, 1930 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 20.08.2009 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
КъэзыIуэтэжар Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ.
КъэзыIуэтэжар Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ щыщ Щоджэн Исмел Iэсхьэд и къуэрщ, 1913 гъ.къ. 10.08.2003 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
КъэзыIуэтэжар Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ щыщ Щоджэн Сэфар Хьэжбэчыр и къуэрщ, 1913 гъ.къ. 10.08.2003 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
КъэзыIуэтэжар Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ щыщ Жылау Барэ Лэкъумэн и къуэрщ, 1924 гъ.къ. 10.07.2006 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
КъэзыIуэтэжар Щоджэн Исмел Iэсхьэд и къуэрщ.
Бэрбэч Б.Ч., БищIо Б.Ч., IутIыж Б.Къу. Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэ. Налшык, 2001. Н. 205.
КъэзыIуэтэжар Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ.
КБИГИ-м и архивыр, Ф-12, оп.I, ед.хр. №1б, пасп.№31/1. КъэзыIуэтэжар Шапсыгъым хыхьэ Къалэжь къуажэ щыщ Хьахъуэ Екъуб Сулеймэн и къуэрщ, 1889 гъ.къ., шапсыгъ адыгэщ. 18.06.1960 гъ. зытхыжар КIурашын БетIалщ.
Табыщ М.А. Адыгэ хъуэхъухэм епха гъэзэщIэкIэ хабзэхэр (Тхьэгъэлэдж и хъуэхъухэм егъэщIылIауэ) // Псалъ, № 5(8). Мыекъуапэ, 2008. Н. 130-150.
КБИГИ и архивыр, Ф-12, оп.I, ед.хр. №Iв, пасп. №32. КъэзыIуэтэжар Брамтэ къуажэ щыщ Вэрокъуэ Хулэ Уэсмэн ипхъурщ, 1898 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 16.01.1979 гъ. зытхыжар Ехъутэныдж Хьэсэнщ.
Яхтанигов Х.Х. Северокавказские тамги. Нальчик, 1993. Н. 108-122.
Ар дыдэм, н. 112.
КъэзыIуэтэжар Къайсэр/Узун-Яйлэ-Къылышбийхьэблэ къыщыхъуа Идарей Фаикъ ХьэкIашэ и къуэ, 1919 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 10.10.2009 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
Яхтанигов Х.Х. Къэдгъэлъэгъуа лэжьыгъэр, н. 113.
Ар дыдэм, н. 113.
КъэзыIуэтэжар Идарей Фаикъ ХьэкIашэ и къуэрщ.
КъэзыIуэтэжар Щоджэн Исмел Iэсхьэд и къуэрщ.
КъэзыIуэтэжар Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ.
Яхтанигов Х.Х. Къэдгъэлъэгъуа лэжьыгъэр, н. 115.
КъэзыIуэтэжар Къайсэр/Узун-Яйлэ-Хэусай къыщыхъуа Дэгумыкъуэ Биджан Iихьсан и къуэрщ, 1932 гъ.къ., хьэтыкъуей адыгэщ. 25.08.2009 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
Яхтанигов Х.Х. Къэдгъэлъэгъуа лэжьыгъэр, н. 120
Данилова Е.Н. Абазины. М., 1984. С. 47.
КъэзыIуэтэжар Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ.
Ар дыдэм.
Ар дыдэм.
КБИГИ-м и архивыр, Ф-12, оп.I, ед.хр. №1в, пасп. №19. КъэзыIуэтэжар Алъхъокъуажэ (Къаншуей) щыщ Къуэгын ПIытIу Къурмэн и къуэрщ, 1845 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. I8.I2.I970 гъ. зытхыжар ЩакIуэ Талъустэнщ.
Ар дыдэм, Ф-12, оп.I, ед.хр. №1, пасп.№34. КъэзыIуэтэжар Беслъэныкъуэм и къуажэ щыщ Мамбэт Зэчрейщ, I898 гъ.къ., инжыдждэс къэбэрдей адыгэщ. 27.09.I958 гъ. зытхыжар Иуан Хъусенщ.
Ар дыдэм, Ф-12, оп.I, ед.хр. №1а, пасп. №24. КъэзыIуэтэжар Хьэсэнбийкъуажэ щыщ Ныбэжь Хьэмырзэщ, 1884 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 5.03.1960 гъ. зытхыжар ЦокIыл Сергейщ.
КъэзыIуэтэжар Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ.
Унэрэкъо Р.Б. Адыгэ орэдыжъхэмрэ лъэпкъшIэныгъэмрэ. Мыекъуапэ, I998. Н. 282.
Марзей А.С. Черкесское наездничество – ЗекIуэ (Из истории военного быта черкесов в XVIII-первой половине XIXвека). М., 2000. С. 231-233.
КъэзыIуэтэжар Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ.
КъэзыIуэтэжар Быхъурэ Аминат Щоджэн Хьэсет ипхъурщ, 1924 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 12.10.2008 гъ. зытхар Табыщ Муратщ.
КъэзыIуэтэжар Лосэн (Щауэ) Жанзилэ Хъерлы ипхъурщ.
Нартхэр. Адыгэ эпос. Зэхэзгъэуцуагъэр ХьэдэгъэлIэ Аскэр. Мыекъуапэ, 1971. Т.VI. Н. 15-16.
АРИГИ-м и архивыр, Ф-1, оп.I, п. №43, д. №176. КъэзыIуэтэжар КIахэм хыхьэ Кушхьэблэ къуажэ щыщ Iэпышэ Исмел Хьэзэч и къуэрщ, 1872 гъ.къ., лабэдэс къэбэрдей адыгэщ. 7.07.1949 гъ. зытхыжар Лъэустэн Юсыфщ.
АРИГИ-м и архивыр, Ф-I, оп.I, п. №43, д. №229. КъэзыIуэтэжар КIахэм хыхьэ Псэйтыку къуажэ щыщ Ацумыжь Ибрахьимщ, 1907 гъ.къ., шапсыгъ адыгэщ. I2.I0.I954 гъ. зытхыжар ХьэдэгъэлIэ Аскэрщ.
КБИГИ-м и архивыр, Ф-I2, оп.I, ед.хр. №Iв, пасп. №21/1. КъэзыIуэтэжар Инарыкъуей щыщ Щокъул Ахъмэтэчщ, I883 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. I8.03.1972 гъ. зытхыжар Щоджэн Хьэзешэщ.
Ар дыдэм, КБИГИ-м и архивыр, Ф-12, оп.I, ед.хр. №Iв, пасп. №21/2. КъэзыIуэтэжар Щокъул Ахъмэтэчщ.
Шортанов А.Т. Адыгские культы. Налъчик, 1992. С. 126.
КБИГИ-м и архивыр, Ф-12, оп.I, ед.хр. №1в, пасп. №33. КъэзыIуэтэжар Инарыкъуей къуажэ щыщ КIыщ Мухьэмэд Сэлмэн и къуэрщ, 1877 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 11.12.1970 гъ. зытхыжар ЩакIуэ Талъустэнщ.
КъэзыIуэтэжар Лосэн (Щауэ) Жанзилэ Хъерлы ипхъурщ.
Гадагатль А.М. Героический эпос "Нарты" и его генезис. Майкоп, 1967. С. 212.
Спенсер Э. Письмо 27 // Путешествия в Черкесию // Религиозные верования адыгов. Хрестоматия исследований. Майкоп, 2000. Составитель А.Х. Зафесов. С. 102.
Ж.-В.-Э. Тебу де Мариньи. Путешествия в Черкесию…, Ж.-Ш. де Бесс. Путешествие в Крым, на Кавказ… // Къэдгъэлъэгъуа лэжьыгъэр, С. 54-55, 62.

Табыщ Мурат.
Ctrl
Enter
Заметили ошЫбку
Выделите текст и нажмите Ctrl+Enter
Обсудить (0)