БЕР ХЬИКМЭТ - ГУГЪЭ МЫУХ

БЕР ХЬИКМЭТ - ГУГЪЭ МЫУХ
Литература
zara
Фото: Адыги.RU
21:39, 20 март 2011
6 353
0
Агънокъуэжьу джэгуэкlуэжьыр Ус, къиуджыхьу ехыжати, Дунейр шэрхъыу щыкlэрахъуэм, Жиlэгъати ? кхъужьеижьу? Къэкlыжакъэ хэкужьыгум...
Агънокъуэжьу джэгуэкlуэжьыр
Ус, къиуджыхьу ехыжати,
Дунейр шэрхъыу щыкlэрахъуэм,
Жиlэгъати ?
кхъужьеижьу?
Къэкlыжакъэ хэкужьыгум...
Хэкужь щlыгум утехьэжу,
Зы жыгыжьуй гуфlэгъуэкъэ...
Хамэ хэсым, –тхьэусыхэжу,
Къигъэщlэжми, уемыхъуапсэ.
Къекlэрэкъуэкl хъуреижьым
Жесlэращи си хэщlыгъуэм,
Удз кlапэуи хамэщlыгум
Сыхимыдзэж псэужыну.
Къыщlидзыжмэ си псэ тlэкlур
Зы псы ткlуэпсу сытреутхэ...
Щlыгум гъуэзу сыщыщыуу
Уэгум сихьэнщ пшэ хужь цlыкlуу.
Жьыбгъэ къепщэм зезгъэхьыжу
Сыщхьэщыхьэнщ lуащхьэмахуэ,
lэ дэслъэнщи и щхьэц хужьым,
Бахъэ къабзэм хэшыпсыхьу
Сынщешхынкъэ Бахъсэн ауыз...
Ctrl
Enter
Заметили ошЫбку
Выделите текст и нажмите Ctrl+Enter
Обсудить (0)