Лъэпкъыр и Хабзэм щIреувэж

Лъэпкъыр и Хабзэм щIреувэж
Культура
admin
Фото: Адыги.RU
15:29, 20 февраль 2019
1 276
0
Лъэпкъыр и Хабзэм щIреувэж! ДыщIызэхуэса Iуэхум адыгэхэм я дежкIэ къыщимыгъащIэу мыхьэнэ хэха егъуэтыр. Мы утыкум япэ къихьахэм я псалъэми ар дыдэр къыхагъэщащ. Къытегъазэ гуэрэ къыхэхуэми, шыIэгъуейщ а гупсысэр домыщтэну, уримыиныну. Ныбжьышхуэ зиIэ Адыгэ Хабзэм иджы гупэкIэ зыхуэдгъэзэжыну игъуэ хъуауэ долъытэ хэмыкIэсамэ. Абы лъэпкъым къулыкъу ину хуищIам, хузэфIихам дыригушхуапхъэщ. И хьэкъыпIэкIэ къапщтэмэ, Хабзэр адыгэхэм ямызакъуэу гъунэгъуу псэу лъэпкъхэм я дежи конституцэ къалэнхэр щигъэзащIэу, я гъащIэмрэ псэукIэмрэ зэригъэзахуэу къадэгъуэгуркIуащ. Адыгэхэм ди закъуэкъым зи Хабзэр мытхауэ щытыр, къапщтэмэ, хьэрыпхэм, къэжэрхэм, нэгъуэщIхэми яйхэр апхуэдэщ. Апхуэдэ дыдэщ зи хабзэ мытхам конституцэ къэлэнхэр зэфIих инджылызхэри. Великобританием иджырэ къэс парламентым къищтауэ конституцэ иIэкъым, ауэ абы папщIэ и
Лъэпкъыр и Хабзэм щIреувэж
Лъэпкъыр и Хабзэм щIреувэж!

ДыщIызэхуэса Iуэхум адыгэхэм я дежкIэ къыщимыгъащIэу мыхьэнэ хэха егъуэтыр. Мы утыкум япэ къихьахэм я псалъэми ар дыдэр къыхагъэщащ. Къытегъазэ гуэрэ къыхэхуэми, шыIэгъуейщ а гупсысэр домыщтэну, уримыиныну. Ныбжьышхуэ зиIэ Адыгэ Хабзэм иджы гупэкIэ зыхуэдгъэзэжыну игъуэ хъуауэ долъытэ хэмыкIэсамэ. Абы лъэпкъым къулыкъу ину хуищIам, хузэфIихам дыригушхуапхъэщ. И хьэкъыпIэкIэ къапщтэмэ, Хабзэр адыгэхэм ямызакъуэу гъунэгъуу псэу лъэпкъхэм я дежи конституцэ къалэнхэр щигъэзащIэу, я гъащIэмрэ псэукIэмрэ зэригъэзахуэу къадэгъуэгуркIуащ. Адыгэхэм ди закъуэкъым зи Хабзэр мытхауэ щытыр, къапщтэмэ, хьэрыпхэм, къэжэрхэм, нэгъуэщIхэми яйхэр апхуэдэщ. Апхуэдэ дыдэщ зи хабзэ мытхам конституцэ къэлэнхэр зэфIих инджылызхэри. Великобританием иджырэ къэс парламентым къищтауэ конституцэ иIэкъым, ауэ абы папщIэ и жылагъуэ, къэралыгъуэ Iуэхухэр хабзэм тету кIуэтэн къанэкъым.

Дунейм щикъухьа адыгэхэм лIэщIыгъуэ хьэлъэ къызэранэкIахэм ямылъытауэ адрей лъэпкъхэм яхэмыкIухьыжу къызэрызэтенар уеблэмэ ди Хабзэм зэрифIыщIэм куэд йовалIэ. Апхуэдэуи ди хабзэм зэлъыкъуэтыныгъэ быдэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ дызэрыхуимышэфам деувэлIапхъэщ. Абы и щхьэусыгъуэхэм ди тхыдэтххэр ирегупсыс. Дауэ хъуами, щыхупIэм иува езы Адыгэ Хабзэм лъэпкъым зыщIэдгъэкъуэжыну, къыдэтхыжыну игъуэ хъуащ. Ди цIыху пэрытхэм, губзыгъэхэм, зи зэхэщIыкIыр лъагэу щIэныгъэ хуэфащэ зыбгъэдэлъхэм, ахэр дэнэ къэрал щыпсэуми, акъыл зэхэдзэ ящIу, егугъуу ди Хабзэм хэщIар, кIэрыхуар ирагъэгъуэтыжыныр къэлэну зыхуагъэувыжыпхъэщ, ауэ "ипкIут из хъужкъым" псалъэжьыр зэрызахуэр зыщамыгъэгъупщэу.

Адыгэ Хабзэм и къэкIуэкIэхэр зэхуэхьэсыным, джыным, къыдэгъэкIыным акъылыфIэ мащIэкъым елэжьар икIи елэжьыр. АбыкIэ куэдым я фIыщIэр жыIэпхъэт, е I8-I9-нэ лIэщIыгъуэхэм псэуахэу. ЩIэныгъэлI куэдым, урысхэри хамэ къэралхэм ящыщхэри яхэту, адыгэ тхыдэм, щIэнхабзэм, бзэм, псэукIэм тепсэлъыхькIэрэ, ди Хабзэм и лъэныкъуэ куэди къагъэлъэгъуащ. Ауэ ар нэхъ ирикъуу зэхуэхьэсын щаублар Совет зэманым, илъэс тIощIитI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэщ.

Мы IуэхугъуэмкIэ япэ гъунэ изылъахэм ящыщщ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий ("Адыгский этикет", Налшык, 1978) – ди хабзэхэр нэсу къэзыхутэу ахэр урысыбзэкIэ дунейпсо щIэныгъэ утыкум изыхьар [3-5], Мыжей Михаил ("Адыгэ хабзэхэмрэ ди зэманымрэ", Черкесск, 1980) – хабзэм теухуауэ адыгэбзэкIэ япэ тхылъ къыдэзыгъэкIам, МафIэдз Сэрэбий ("Адыгэ хабзэ", Налшык, 1994) – тхыгъэ щхьэпэ зыбжанэ зи IэдакъэщIэкIыр [7-9]. Мы Iуэхур кIуэтэным, Хабзэм кодекс теплъэ етыным акъылыфI халъхьащ Мамхэгъ Раи [6], Нало Заури [11, 12], Шорэ Ибрагими [13], нэгъуэщIхэми.

Щхьэхуэу къыхэгъэщыпхъэщ илъэситкIэ узэIэбэкIыжмэ Унэрокъуэ Мирэрэ Унэрокъуэ Раерэ къытщIэхъуэ щIэблэм ину зэрыхуэупсахэр. Абыхэм щIэблэм япэ адыгэ хабзэм зэрызыхурагъэсэну тхылъхэр япэ классым къыщыщIэдзауэ ебгъуанэр къиубыду щхьэхуэ-щхьэхуэурэ хузэхалъхьэри (министерствэми къадищтэу) къыдагъэкIащ. Тхылъхэр удахьэхыу фэбэ сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Нэхъыщхьэр арщи, ди щIэблэм, ныбжь елъытакIэрэ, темызашэу, уеблэмэ фIэхьэлэмэту, дихьэхыу, Хабзэм и къекIуэкIыкIэхэр лъэпкъым и пащхьэм иралъхьэжащ. Адыгэ Хабзэм и пщIэр къэIэтыжынымкIэ зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу икъукIэ Iуэху щхьэпэщ ар. Мири Раи я гуащIэм иджыри лъэпкъым щхьэпэну фIы куэд тхьэм къыпигъакIуэ. ДызэреплъымкIэ, Iэмал имыIэу кIахэбзэкIэ къыдэкIа мы тхылъхэр къэбэрдей адыгэбзэм игъэувауэ къыдэгъэкIын хуейщ.

Мы Iуэху уэгъурлы Хэкужьым къыщаIэтам яхуэфащэ хэлъхьэныгъэ хуащIыну дащогугъ хэхэс адыгэхэми. Ахэракъэ "Хэкужь хабзэжь къранэкъым" жызыIар. Хэку икIыжым щыгъуэ здырахауэ щыта хабзэжь-хабзэфIу яхъумэфар, ди фIэщ зэрыхъумкIэ, хэкужьым щыIэм йобэкIыр, ар къаугъуеижу зэхэтлъхьэжтэмэ, хэпщIыкIыу лъэпкъ Iуэхур игъэкIуэтэнт. ЖаIэкъэ "удын зэхэдзэ нэхърэ акъыл зэхэдзэ".

Мыбдежым ущIэупщIэну емыкIукъым: дяпэкIэ сыт дызэрыщыгугъ хъунур апхуэдэу къыдэтхыжу, ди гъащIэм хуэфащэ увыпIэ зэттыжын ди мурад Адыгэ Хабзэм? Ар цIыкIукъым икIи мащIэкъым. Дэ къызэрытщыхъумкIэ, нехьэкI-къехьэкI хэмыту щхьэихауэ жытIэнщи, мыращ ахэр. Дыщогугъ абы:

- ди щхьэ пщIэ хуэтщIыжу дригъэсэжыну;

- ди щхьэ Iуэхум лъэпкъ Iуэхур япэ идгъэщу, абы дыхуэлажьэу къыдигъэублэ-жыну ("уи щхьэ си щхьэ нэхърэ си щхьэ гуэр" псалъэшэрыуэм жиIэм дыкъыбгъэди-шыну);

- дызэдэIуэжыфу, зым жиIэр ар зыхуэгъэзам зэхихыу, зыхищIэу дищIыну;

- нэхъыщхьэ дыдэу къэлъытэн хуейр арщи, ди лъэпкъыр зэгуригъэIуэжыну.

Дэ быдэу зыхэтщIапхъэщ адыгэхэр щIэунэхъуам, къалъыса тхьэмыщкIагъэ инхэм я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу щытыр лъэпкъым и лъым хэлъ зэгурымыIуэны-гъэр зэрыарар, фыгъуэнымрэ ижэнымрэ ядэщIыгъуу. Ауэ зэгурыIуэным ехьэлIа Iуэху гугъухэр псори Хабзэм и пщэ дэбгъэуэныр щхьэгъэпцIэжщ. ДызэгурыIуэн папщIэ, псом япэу дящыщ дэтхэнэми и хьэл-щэнкIэ, псэкIэ зихъуэжын хуейщ. Арыншэу тхыдэ гъуэгу напщIэм лъэпкъыр къытенэныр шынагъуэщ. Ауэ Тхьэшхуэр къытхуэупсэжу зэгурыIуэ, зэлъыкъуэтыныгъэ дяку къыдилъхьэмэ, ди фIэщ мэхъур: лъэпкъым игъэув мурад дахэхэр къехъулIэнущ, къэщIэрэщIэжынущ, тхыдэм, зызыхъуэж гъащIэм къагъэув лъэпощхьэпохэр ехъулIэныгъэкIэ къызэринэкIынущ. А гъуэгу захуэм нэхъ псынщIэу зэрылъэпкъыу Тхьэшхуэм дытришэжи, лъэпкъ зэщыкъуар и Хабзэм щIыреувэж!

АдэкIэ дыкъытеувыIэнщ ди Хабзэм щыщу унагъуэ кIуэцIым щызекIуэу щыта гупсысэ гуэрхэм, я гъэсэныгъэ мыхьэнэр лъэщу, жыIэгъуэхэу "фIы", "фIыкъым", "Iей", "емыкIу", нэгъуэщIхэми Адыгэ Хабзэм щаубыд увыпIэм.

Хабзэм и къуэпсыр зызубгъуащ щIэнхабзэ тхыдэм куууэ хыхьэу, адыгэхэм я гъащIэм и лъэныкъуэ псори къызэщIиубыдэу*. Абыхэм щыхьэт ятехъуэр гъунэжу.

Бзэм, IуэрыIуатэм, щIэнхабзэм ущыхуозэ. "ФIы" / "Iей" ("хорошо" / "плохо"), "екIу" / "емыкIу" ("прилично" ("пристойно") / "неприлично" ("непристойно")) жыIэгъуэхэм, псалъафэ хуэдэу щытхэм, къарыкI мыхьэнэмрэ ахэр ди Хабзэм зэрепхамрэ къэхутэным ди щIэнхабзэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм. Бзэм мыхэм икъукIэ убгъуауэ дащыпэщIохуэ икIи зэхуэхьэсыным, къэхутэным, зэгъэзэхуэным, Хабзэм щаубыд увыпIэр IупщIу убзыхуным мыхьэнэ хэха ягъуэтыр. Сыту жыпIэмэ, лъэпкъым и гупсысэр, унагъуэм щызекIуэ гъэсэныгъэ Iэмалхэр, зэхэщIыкIыр зэфIэувэнымкIэ, ар цIыхум хьэл-щэн хуэхъунымкIэ апхуэдэ псалъафэхэр лъабжьэ мэхъу.

"ФIы" / "Iей", "екIу" / "емыкIу", "мыхъумыщIэ" / "хъуащIа" псалъафэхэр (е жыIэгъуэхэр) "псэлъэжь" жыхуэтIэ гурыIуэгъуэм хохьэр. ЗэрынаIуэщи, псэлъэжьым къызэщIеубыдэр псалъэшэрыуэхэр, хъуэрыбзэр, псынщIэрыпсалъэхэр, щIагъыбзэр, къуажьэхьхэр, нэщэнэхэр. Нало Заур ахэр псори къыригъэубыду "псалъэгъэпса" жыIэгъуэ Iэрыхуэр къигупсысащ. Дэри ар дыдощтэр. Едгъэлеинкъым, а псалъэгъэпсахэр лъэпкъ хабзэр, зэхэщIыкIыр зэфIэувэным лъэщу щхьэпэу жытIэмэ. Псалъэжь къудейхэр къэтщтэнщи, я гъэсэныгъэ мыхьэнэр мардэншэщ. Ар нэхъри ин ящI я бзэ дахэм, шэрыуэм: къыуиIуэкIыу, къыбдэгушыIэу, къыбдэсэмыркъуоууэ, къыпщIэнакIэу, ауэ къомыхъуэну, уимыгъэцIыкIуу. Псэлъэжьхэм я нэхъыбэм ауан, щIэнэкIэбзэ екIу ("юмор" жыхуаIэр) зэращIэлъым и гугъу ищIкIэрэ, ди щIэнхабзэм и къэхутакIуэ щэджащэ Шортэн Аскэрбий итхат мыпхуэдэу: "…а юмор гъуэзэджэу псалъэжьыр зезыхьэр къыппкъырощатэ, уигъэтхытхыу, уи пэщIэкIэ ущIигъэгуфIы-кIыжу, ухуэаразыуэ" [14: 8].

АтIэ псалъэгъэпсахэм нэхъыбэу къежьапIэ яхуэхъур цIыхум и нэгум щIэкIымрэ и Iэгум икIымрэщ, фэкIэ, псэкIэ игъэвырщ, гузэвэгъуэкIэ, е тхъэжыгъуэкIэ зыхищIэрщ. Я теплъэкIэ, я къэкIуэкIэ лIэужьыгъуэкIэ зи гугъу тщIы псалъафэхэр нэщэнэхэм нэхъ я гъунэгъущ, абыхэм, къарыкI мыхьэнэм зимыхъуэжу, "фIы" / "Iей" (синоним "е"), "екIу" / "емыкIу", "езэгъ" / "емызэгъ" жыIэкIэхэр хэбгъэувэ зэрыхъум папщIэ. Апхуэдэ нэщэнэхэщ "Iуэху гуэр мурад пщIауэ укъепсмэ къохъулIэ", "джэдур жыхапхъэм епIэстхъмэ, хьэщIэ къэкIуэнущ", "бзэгупэр шхэмэ пцIы къыптралъхьэ", "тхьэкIумэ ижьыр цIуумэ – зыгуэр къыпщотхъу, сэмэгур цIуумэ – уауб", "хъумпIэцIэджым и кIуэдыжыгъуэм дамэ къытокIэ", "сэтэнейр къэщхьэлъэмэ гъунэ иумылъыж".

"ФIы" - "Iей" ("е") жыхуэтIэхэм зарызаужьам укIэлъыплъыным гупсысэ хьэлэмэтхэм уахуешэ. Апхуэдэу "фIы"-м "щIэн" псалъэр гъусэ къыхуэхъуащ ("ЦIыху зэтесым фIы щIэныр и хабзэщ"). Аурэ къекIуэкIыурэ "фIым"-рэ "щIэн"-ымрэ зэхэжыхьри ("сращение" жыхуаIэр къэхъуащ), "фIыщIэ" псалъэр ("доброе дело") къэхъуащ, Хабзэми "лъэ быдэкIэ" къыхэуващ. Иджы а жыIэкIэм и закъуэуи къокIуэ, абы аргуэру "гуапэ" псалъэр хэжыхьри "фIыщIэгуапэ"-м ("благодарность") хуэкIуащ. А псалъитIыр я мыхьэнэкIэ зэпэщIэмыуэу, адыгэбзэм куэду щызокIуэр зэпэщхьэхуэуи зэкъуэту зэгъусэуи, псалъэм папщIэ (пп): "фIыщIэ мыхъуми гуапэ хъунщ", "фIыщIэгуапэ хуэфащэщ".

"ФIыкъым" псалъэр бзэм къыщокIуэр игъэнаIуэ Iуэхугъуэм и щхьэусыгъуэр къыдэкIуэуи къыдэмыкIуэуи: "бзылъхугъэ лъэщыджэр тхьэкIумэкIыхь Iуплъэну фIыкъым" (къыщIэхъуэ сабийр Iупэ дыкъуакъуэ хъунущ), "зыщIыпIэ уежьауэ къабгъэзэжыныр фIыкъым" (ущIежьар къохъулIэнукъым); "дыгъэ къухьэгъуэм ужеиныр фIыкъым". Иужьрейм и щхьэусыгъуэр, щIэмыфIыр, щылъагъун хуейщ адыгэхэм ямызакъуэу нэгъуэщI лъэпкъхэми къадекIуэкI фIэщхъуныгъэм: дыгъэ къухьэгъуэм ехъулIэу, цIыхур зэрешам къыхэкIыу, и Iэпкълъэпкъыр нэхъ зэкъуэхуа, и псэри нэхъ бэлэрыгъ, махэ зэрыхъур икIи цIыхур жейуэ дыгъэр щыкъухьэкIэ псэр хэкIыу абы дыкъухьэу. Псалъэ шэрыуэри а гупсысэм щыхьэт тохъуэ: "жейри лIари тIури зыщ", жи. А гупсысэ дыдэр къыхощ псысэми: удын зыраха блэжьым "зэуэ зиупцIри зыщхьэпыридзащ, итIанэ зиIуантIэ-зишантIэурэ махуэ псом щылъри, дыгъэр щыкъухьэм ирихьэлIэу кIыхьу зиукъуэдийри и псэр хэкIащ" [I2: 388]. Я зыныкъуэхэм къалъытэ дыгъэ къухьэгъуэм жейм щхьэуз къищтэу.

Я мыхьэнэкIэ зэпэщIэуэу, ауэ зэгъусэу жыIэгъуэхэр бзэм къыщыкIуэкIэ псалъэжь, псалъэшэрыуэ, къуажьэхь мэхъухэр. Пс.п., "гугъу" / "тыншыгъуэ": "гугъу емыхьам тыншыгъуэ ищIэркъым"; "IэфI" / "дыдж": "IэфIыр зыгъэдыджу дыджыр зыгъэIэфI" (къуажэхьщ, шыгъу). Ауэ псалъэгъэпсахэм гъэсэныгъэ купщIэ ин щагъуэти къохъур. Апхуэдэщ зи къэкIуэкIэхэр зэпкъырытх "фIы", "Iей" жыIэгъуэхэр. МащIэрэ зэхэтхрэ "Iей пщIауэ фIым ущымыгугъ" псалъэхэр!

Нало Заур зэхуихьэсыжа нэщэнэхэр [11] гупиплIу щигуэшым япэ иригъэщащ е (Iей) къэзышэ гупыр, абыхэм къакIэлъигъэкIуащ фIы къэзышэхэр, атIанэ – ерэ фIырэ къэзышэхэр. Нэщэнэхэм я нэхъыбэ дыдэр зыхуэзэр япэ гупитIырщ.

"ФIыкъым" псалъафэм и нэгъуэщI къэкIуэкIэхэм я щапхъэ гуэрхэр къыдогъэлъагъуэ:

- пщэдджыжьым пэгун нэщI зыIыгъым ухуэзэну фIыкъым;

- пхъэнкIийр кIыфI хъуауэ щIэпхыныр фIыкъым;

- птам ущIэфыгъужыныр фIыкъым – хэхъуэ уиIэжынукъым;

- унэ кIуэцIым ущыфийныр фIыкъым – хьэндрэфий къоджэнущ;

- мастэрэ сэрэ зэIэпыхыныр фIыкъым;

- бжэщхьэIум зыгуэр щызэIэпыпхыныр фIыкъым, узэщыхьэжыну жаIэ;

- уи щхьэц пыбупщIыжыныр фIыкъым – уи гъащIэр богъэкIэщI;

- сабий къалъхуагъащIэр мазэ иримыкъуу зэбгъэлъагъуну укIуэныр фIыкъым;

- лъакъуэфIэлъхьэм уехъуэхъуну фIыкъым;

- гъуэгу техьам укIэлъыджэну фIыкъым;

- сабий къэхъуам и анэшхуэ, адэшхуэ псэум я цIэ фIэпщыну фIыкъым;

- напэ мытхьэщIу ушхэныр фIыкъым – шейтIан къыбдошхэ;

- жыхапхъэ уебэкъуэныр фIыкъым, нэгъуэщI къинэмыщI куэди.

Ер, фIыр зэхэзыгъэкI нэщэнэ псоми я мыхьэнэр къызэщIекъуэжыр "УзыщIэ-джэр къокIуэ: ем уеджэмэ е къокIуэри, фIым уеджэмэ фIы къокIуэ" жыхуиIэм, цIыхум и псэмрэ гупсысэмрэ зезыгъэужьым, унэтIыныгъэ убзыхуа езытым.

Хабзэ къежапIэ хъухэм яхэтщ "екIу" / "емыкIу" ("пристойно" / "непристойно"), "езэгъ" / "емызэгъ" ("приемлемо" / "неприемлемо") псалъафэхэри. Нэхъыбэрэу жаIэу зэрызэхэтхыр "емыкIущ", е "къемыкIущ", "езэгъкъым", "къезэгъкъым" теплъэхэрщ. Апхуэдэу щIыжытIэм щхьэусыгъуэ хуэхъур гъащIэм и лъэныкъуэ псоми, унагъуэ кIуэцIым къыщыщIэдзауэ жылагъуэ, къэрал Iуэхухэм я деж щыщIэкIыжыу, хабзэмрэ лъэпкъ напэмрэ ямызэгъ, зэхущытыкIэ тэмэмым и мардэм имыувэ, абы ебакъуэ цIыху щхьэхуэхэм далъагъу мыхъумыщIэхэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэм и псэлъэкIэм, IэбэкIэм, IуэхущIэкIэм, гъэхьэщIэкIэм, гуп хыхьэкIэм, бын гъэсэкIэм, нэгъуэщI куэдми къыщыхъу ныкъусанхэрщ.

Абыхэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, куэдрэ гъащIэм дыщыпэщIохуэр, ди IуэрыIуатэми щымащIэкъым. Ныкъусанхэу, щыщIагъэхэу емыкIу зыхуагъэфащэхэм, е Iуэхум къемызэгъыу къалъытэхэр гъэзэкIуэжыным гъэсэныгъэ мыхьэнэ ин иIэу къэлъытапхъэщ. ИпэкIэ къэдгъэлъэгъуа псалъэхэм ("е", "фIы", "фIыкъым", "Iей"), хуэдэ куэдыр зэхуэхьэсауэ, зэрыжаIэщи, кхъузанэм щIэгъэкIауэ, зэгъэзэхуауэ тхылъ щIын хуейщ.

Хабзэм емыкIу зылэжьым ткIийуэ зэрыбгъэдэхьэпхъэм, хабзэр гъэзэщIэныр сыт хуэдэу цIыхум къемыгугъуэкIми уебакъуэ зэрымыхъунур, емыкIушхуэм уасэу щIатым ди IуэрыIуатэм гъунэжу ущыпэщIохуэ. Хабзэм и мардэмкIэ убгъэдыхьэми дерс ин хыболъагъуэ, урыс усакIуэшхуэ Пушкин Александр жиIэгъам ещхьу "псысэр пцIыщ, ауэ къыуеIуэкIыр, щауэфIхэм дерс къыхах". Щапхъэ телъыджэхэр хэтщ зи щIыхьыр нэхъри ин хъун Нало Заур и "Таурыхъищэм" [12].

"ЕкIумрэ" "емыкIумрэ" гъащIэм деж къызэрыщыкIуэм и щапхъэ гуэрхэм дыкъытеувыIэнщ. Мы псалъафэхэми щIагъэбыдэ гупсысэхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъур дэщIыгъуи дэмыщIыгъуи къокIуэр, мыхьэнэкIэ я гъунэгъу нэгъуэщI псалъэ гуэрхэри ягъусэу: пс.п. "сэ ауани емыкIуи усщIыркъым" жаIэ.

ЦIыхум и гъащIэмрэ псэбыдагъэмрэкIэ ирыскъым мыхьэнэ ин зэриIэм шэч къытехьэгъуейщ. Ирыскъыр Iумпэм ящIкъым, шхын зэхэдз зыщIым емыкIу ирапэс. Ар къыхокIыр шхыным пщIэ хуэщIын зэрыхуейм – ар къалэжьыным, къэгъуэтыным, гъэхьэзырыным пщIантIэпсу, къарууэ, зэману куэд зэрехьэлIам къыхэкIыу. Апхуэдэуи емыкIущ ирыскъыкIэ унэгуеину, уныбэблэну, апхуэдэхэм хужаIэ "сохъустэмыхъу – Iэнэ ухъуэнщIщ", "и ныбэр и бийщ"; атIанэ уи ирыскъы пкъузыну, нэхъыкIэр аращи, уелъэпэуэну. Абыхэм гурыIуэгъуэ ящI пшхам утепсэлъыхьыныр щIэемыкIур: ирыскъы Iей щыIэкъым. Адыгэм зэрыжаIэу "ерыскъым утепсэлъыхьыныр емыкIущ", е фIыкъым: (абы и псэр мэукIытэ, "сыт къыспилъхьэну пIэрэ" жери).

Пасэм щыгъуэ хьэщIэщыбжэ къуагъым баш къуэгъэувэт, ар цIыхушхуэ щагъэхьэщIэкIэ щIалэхэр чэзууэ (гъуэрыгъуэу) щхьэгъэрытын хуейти, езэшмэ зыщIагъэкъуэну, тIысмэ зэрыемыкIум папщIэ. Куэдым ящIэр Хъан-Джэрий итхыжыгъауэ щытар емыкIум папщIэ: зэрылIыкIыну уIэгъэ хьэлъэ зытелъ щIалэр я унэм къашэжауэ и адэр къыщIыхьэну щыжраIэм, зэфIэувэну къару иIэтэкъыми пкIэм блыпкъкIэ кIэращIэну лъэIуат – "си адэм сыщылъу сыкъилъагъумэ емыкIущ" жери.

Мыгъэсэныгъэм къыхэкIыу емыкIу къэхьыным куэд хуейкъым. Ар фIыуэ къагурыIуэт адыгэхэм. Пс.п., балигъыпIэм иува хъулъхугъуэм таурыхъ зэримыщIэм къыхэкIыу емыкIушхуэ къызэрихьыр ди IуэрыIуатэм щыболъагъу. Псысэ закъуэм къыщымынэу гъащIэм я пщэ къыдэхуэр щахуэмыщIэкIэ емыкIу къахьт хъулъхугъэхэми бзылъхугъхэми.

Зи гугъу тщIахэм яхэмыхуами къыжыIапхъэщ нобэкIэ ди лъэпкъ хабзэм, лъэпкъ напэм къемызэгъыу нэхъ емыкIушхуэ зыхуэщIын хуейуэ къэувхэр, ахэр – уи анэдэлъхубзэм, лъэпкъым, тхыдэм, щIэнхабзэм нэмыплъ яптыныращ. Дунейпсом цIэрыIуэ щыхъуа ди Хабзэм тетын хуейщ ди щIэблэр адыгэ напэр яхъумэу, екIумрэ емыкIумрэ яцIыхуу, езэгъымрэ емызэгъымрэ зэхэгъэкIыфу, "фIыкъым" жыхуиIэм фIэлIыкIыу, адыгэ щэным имыкIыу.

Ди зэхэтыкIэ дахэ Тхьэм ищI!

Къэдгъэсэбэпа лэжьыгъэхэр:

Адыгэ псалъэжьхэр. – Налшык: Къэбэрдей-Бэлъкъэр тхылъ тедзапIэ, 1965.
Адыгэ таурыхъхэр. Зэхуэзыхьэсар Бэчыжь Л., Сакий Н. – Черкесск, 1965.
Бгажноков Б.Х. Адыгская этика. – Нальчик, 1999.
Бгажноков Б.Х. Адыгский этикет. – Нальчик, 1978.
Бгажноков Б.Х. Очерки этнографии общения адыгов. – Нальчик, 1983.
Мамхегова Р. Очерки об адыгском этикете. – Нальчик: "Эльбрус", 1993.
МафIэдз С.Х. Обряды и обрядовые игры адыгов в XIX- начале XX века. – Нальчик: "Эльбрус", 1979.
МафIэдз С.Х. ХьэщIэ махуэ. Повестхэр. – Налшык: "Эльбрус", 1983.
МафIэдз Сэрэбий. "Адыгэ хабзэ". – Налшык, 1994.
Мыжей М. Адыгэ хабзэхэмрэ ди зэманымрэ. – Черкесск, 1980.
Нало Заур. Адыгэ псалъэгъэпсахэр. – Налшык: "Эльбрус", 2008.
Таурыхъищэ. Зэхуэзыхьэсу къэзыIуэтэжар Нало Заурщ. – Налшык: "Эльбрус", 1992.
Шорэ Ибрахьим. Адыгэ лъэпкъым и этнопедагогикэ. – Мыекъуапэ, 1993.
Этикет у народов Передней Азии: Сб. статей. – М.: "Наука", 1988.

Брат Хьасин, Темыр Рае.
Ctrl
Enter
Заметили ошЫбку
Выделите текст и нажмите Ctrl+Enter
Обсудить (0)